НОБЭБадзэуэгъуэм и 10, мэрем ♦1922 гъэм къалъхуащ КъШР-м и цIыхубэ усакIуэ, Абхъазым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Хьэнфэн Алим. ♦1931 гъэм къалъхуащ УФ-м щIыхь зиIэ и юрист Щоджэн Iэбу. ♦1932 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Срыкъуэ ХьэмщIасэ. ♦1934 гъэм къалъхуащ химие щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессор, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Ибрэхьим Хьэмзэт. ♦1942 гъэм къалъхуащ техникэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессор, ЩIДАА-м и академик Сэбаншы Хъусен. ♦1966 гъэм къалъхуащ КъБР-ми КъШР-ми щIыхь зиIэ я артисткэ Шэрджэс Iэсият. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 28 - 29-рэ, жэщым градус 18 - 20 щыхъунущ. ЩIым и малъхъэдис щытыкIэм балли 5-кIэ зихъуэжынущ. Лъэпкъ Iущыгъэ: Анэм лъэгущIэтын зыхуэщI.
Поделиться:
Читать также:
14.08.2026 - 17:00 →
Псэущхьэ екIуэлIапIэншэхэми - гулъытэ
14.08.2026 - 13:50 →
НОБЭ
13.08.2026 - 07:55 →
НОБЭ
12.08.2026 - 12:25 →
НОБЭ
11.08.2026 - 09:07 →
НОБЭ
| ||




