НОБЭБадзэуэгъуэм и 14, гъубж
1945 гъэм Париж къалэм ТекIуэныгъэм и парад щекIуэкIащ. Япэ иту уэрамым ирикIуащ Франджым и ЛIыхъужь адыгэ бзылъхугъэ Хьэгъундокъуэ Елмэсхъан.
1957 гъэм Налшык щекIуэкIащ СССР-м ис лъэпкъ псоми я тхакIуэхэм я лIыкIуэхэр зыхэта пшыхь гъэщIэгъуэн.
1965 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым уэрэдымрэ къафэмкIэ и «Кабардинка» къэрал ансамблыр къафэмкIэ «Кабардинка» ансамблу зэрахъуэкIащ.
1904 гъэм къалъхуащ адыгей тхакIуэ Щоджэн Iэюб.
1936 гъэм къалъхуащ къэрал лэжьакIуэ цIэрыIуэу щыта, КъБАССР-м и Министрхэм я Советым и унафэщIу 1988 – 1991 гъэхэм лэжьа Мамхэгъ Михаил.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 24 – 26-рэ, жэщым градус 19 - 20 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
ФызыфI и Iэнэ хьэзырщ.
Поделиться:
Читать также:
13.08.2026 - 07:55 →
НОБЭ
12.08.2026 - 12:25 →
НОБЭ
11.08.2026 - 09:07 →
НОБЭ
07.08.2026 - 15:30 →
МащIэ пэтми, беягъэщ
07.08.2026 - 13:44 →
Нобэ
| ||




