НОБЭ

Бадзэуэгъуэм и 15, бэрэжьей

♦ЩIалэгъуалэр IэпщIэлъапщIагъэм хуэгъэсэным и дунейпсо махуэщ

♦1939 гъэм Бахъсэн, Аруан, Iуащхьэмахуэ щIыналъэхэм район газетхэр къыщыдэкIыу хуежьащ.

♦1924 гъэм къалъхуащ къэрал лэжьакIуэ, Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и юрист Шакъ Беслъэн.

♦1925 гъэм къалъхуащ IуэрыIуатэдж, литературэдж, критик, филологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат, профессор Пщыбий Инал.

♦1928 гъэм къалъхуащ тхакIуэ, IуэрыIуатэдж, литературэдж, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ тхакIуэ, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Абхъаз Республикэм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Нало Заур.

♦1939 гъэм къалъхуащ мэкъумэш щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъМУ-м и профессор, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Ашэбокъуэ Леонид.

♦1948 гъэм къалъхуащ адыгэ усакIуэ Балъкъыз Батий.

♦1959 гъэм къалъхуащ къэрал лэжьакIуэ, КъБР-м щIыхь зиIэ и юрист Башорэ Хьэмид.

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уэшх къыщешхынущ.    Хуабэр махуэм градус 23 - 25-рэ, жэщым    градус 18 - 19  щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:

Дахэ псор дахэкъым, псэр зэхъуапсэр дахэщ.

Зыгъэхьэзырар ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

14.08.2026 - 13:50 НОБЭ
13.08.2026 - 07:55 НОБЭ
12.08.2026 - 12:25 НОБЭ
11.08.2026 - 09:07 НОБЭ