ЗэлIэлIэжхэр къызэтенэнущ

Сыт хуэдэ лъэхъэни щыIащ нэгъуэщI хэгъэгухэм ярыс лъэпкъхэм я щыIэкIэ-псэукIэр, хабзэ-бзыпхъэу зэрахьэр зыфIэтелъыджэу къэгъуэгурыкIуахэр.

Дунейр къызэригъэщIрэ цIыху гумызагъэхэм куэду къахокI, зыщыщ лъэпкъым къинэмыщIа, адрейхэм я къэунэхукIэр, фIэщхъуныгъэу къадекIуэкIыр, зэман жыжьэм къыщыщIэдзауэ зэрыс щIыгур зымыхъуэжу зи щIыналъэ зезыгъэубгъуахэр зэзыгъэщIэну хущIэкъухэр.

Апхуэдэ лъахэдж-лъахэхутэхэу къагъуэт-къагурыIуэ псори щIэныгъэ щхьэхуэм хуэзышэжхэрщ, тхылъ щхьэхуэ щIауэ дэзыгъэлъагъужхэрщ мы тхыгъэм зи гугъу щытщI унэтIыныгъэм, этнографием, телажьэу къэдбж хъунури.

Лъэпкъ гуэрым и щэнхабзэмрэ тхыдэмрэ ехьэлIа хуэмэбжьымэхэм щыгъуазэ захуэзыщIыну пылъхэм журналист Iэмалхэми хащIыкIыпхъэщ, зыбгъэдыхьэм я бзэм щыщ гуэрхэри зрагъэщIапхъэщ.          

БлэкIам къызэригъэлъэгъуэжымкIэ, этнографие щIэныгъэм пэщIэдзэ хуэхъуауэ къабжар Пасэрей Алыджым щыпсэуа тхыдэтх гъуэзэджэ Геродотщ, Фригиемрэ Тавридэмрэ (иджырей Кърымым) иса лъэпкъхэм, абыхэм я гъунэгъуу щыса скифхэм зэрахьа хабзэмрэ я псэукIэу щытамрэ ятетхыхьауэ щытарщ.

Алыджыр зи къежьапIэ этнографие щIэныгъэм нэхъри зиужьынымкIэ хэлъхьэныгъэфI хуэзыщIауэ къалъытэр Урым империем щыпсэуа лъахэхутэхэрщ. Дзэ пашэхэм ямызакъуэу, я Iуэхузехьэхэми (хуей-хуэмейми) щыгъуазэ зыхуащIын хуей хъурт лъэщыгъэкIэ зэрыхьэ щIыгум ис лъэпкъхэм хабзэ-бзыпхъэу зэрахьэхэмрэ тхыдэм къыхана лъэужьымрэ зыхуэдэм. АтIэми, а къэралым и Iуэхузехьэхэм этнографием ехьэлIа я къэхутэныгъэхэм хэпщIыкIыу зыщрагъэубгъуащ а лъэхъэнэм къызэрымыкIуэу къэхъукъащIэ куэд къыщыхъуа Азие Гупэмрэ абы къедза щIыналъэхэмрэ.

ЛIэщIыгъуэхэр блэкIри, Европэм щыпсэухэм Америкэ континент иныщэр къызэIуахащ, абы щыпсэухэм е щыпсэуахэм, Iейми фIыми, ялъэIэсащ, я зэхэтыкIэхэми щыгъуазэ зыхуащIын хуей хъуащ…

Мы щIэныгъэм Урысей къэралыгъуэм зыщиужьу щыщIидзар Индыл псышхуэм къедза хэкухэр, абы иужь иту Кавказышхуэр, Сыбырыр, КъуэкIыпIэ Жыжьэр, Ищхъэрэ Пхыдзар «къагъэIурыщIэн» щрагъэжьа зэманырщ.        

Совет къэралым Этнографым и махуэм гулъытэ хэха хуащI щыхъуар 1970 гъэхэрщ. АбыкIэ пэгъуэкI зыщIауэ щытар Санкт-Петербург (Ленинград) дэт къэрал университетым тхыдэмкIэ и факультетым этнографиемрэ антропологиемкIэ и кафедрэм и къызэгъэпэщакIуэ, и унафэщI гъуэзэджэуи къэгъуэгурыкIуа Итс Рудольфщ. А щIэныгъэлIым и жыIэкIэ, зи гугъу тщIы Iуэхур трагъэхуащ Урысей географ зэгухьэныгъэм хэта, этнограф икIи антрополог цIэрыIуэу щыта Миклухо-Маклай Николай (1846-1888 гъэхэр) къыщалъхуа бадзэуэгъуэм и 17-м.

ЗекIуэлI телъыджэ, лъэпкъ дэкъузахэм я къыщхьэщыжакIуэ, гъэр ящIхэр зэращэ-къызэращэхужыр зыфIэмыфIу икIи зигу темыхуэу дунейм тета а къэхутакIуэр зэрыпсэуар илъэс 41-рэ иримыкъущ. А гъащIэ мащIэм къриубыдэу, а лIыр сыт и щIыскIи хущIэкъуащ Ипщэ-КъуэкIыпIэ Азиер, Австралиер, Океаниер, иужьым Гвинее ЩIэр (Новая Гвинея) жыхуаIэр ижькIэрэ зи хэщIапIэ лъэпкъхэм я псэукIэ-щыIэкIэр зыхуэдэр зригъащIэ къудей мыхъуу, я дуней тетыкIэр егъэфIэкIуэнымкIи щыIэ Iэмалхэм лъыхъуэным.     

Иджырей зэманымкIэ дыкъекIуэкIыжынщи, этнографхэр ялъогъуазэ зи псэукIэм, дуней еплъыкIэм, щэнхабзэм щыгъуазэ зыхуащIын хуейуэ къабж лъэпкъхэм я деж, ахэр зэрыс щIыналъэхэм зыщаплъыхь, гъунэгъухэм зэхуаIэ зэхущытыкIэхэр зыхуэдэр зрагъащIэ.

Зи гугъу тщIы щIэныгъэм зыдезыгъэхьэххэм зэпалъытыпхъэщ лъэпкъ зэмыщхьхэм я блэкIари, яIурылъа бзэм и лъабжьэгъухэр дэтхэнэр арами. Ахэр псори зэхуэзыхьэсыж щIэныгъэлI-IэщIагъэлIхэм утыку къралъхьэ жылагъуэм, лъэпкъхэм адэкIи зэрызаужьыну Iэмалхэм яхуэгъэзауэ яIэ хъуа еплъыкIэхэри.

Дызытепсэлъыхь IэщIагъэм хуэIэижьхэр щолажьэ тхыдэмкIэ щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтхэм, музейхэм, тхылъ тедзапIэхэм, турист  IуэхущIапIэхэм, нэгъуэщIхэми. Уеблэмэ, щIыпIэ пхыдзахэм щIым щIэлъ хъугъуэфIыгъуэхэр къыщызылъыхъуэхэми ахэр зрашалIэ, зрихьэлIэ лъэпкъхэм нэхъ яхэзэгъэнымкIэ, ягурыIуэнымкIэ зыхуагъэщхьэпэн хуэдэу.       

Мы Iуэхум дихьэххэм, я нэхъ мащIэрауэ, зыщагъэгъуэзэн хуейщ лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм ижькIэрэ я къекIуэкIыкIар зыхуэдэми, бзэуэ яIурылъам, ди нобэми зэрахьэм благъагъэкIэ къагухьэхэм дэнэкIэ щылъыхъуапхъэми. А псоми ириплъэж щIэныгъэлIхэм зэхуэхьэсыжауэ жылагъуэм ирагъэлъагъу лъэпкъхэми къэралхэми адэкIэ зэрызаужьыну Iэмалхэм ятеухуауэ яIэ хъуа Iуэху бгъэдыхьэкIэхэр зыхуэдэри.

АтIэми, еджагъэшхуэхэм зэрыжаIэмкIэ, дыщыпсэу зэманым къыщекIуэкI зэхъуэкIыныгъэ инхэми лъэхъэнэ гуащIэу къытпэплъэхэми иращIыкIын яхузэфIэмыкIыу лъэпкъ цIыкIу куэд мы дунеишхуэм къыщызэтенэнущ, я бзэкIи, щэнхабзэкIи, зэрахьэ хабзэкIи щызэгугъужхэу. Ауэ щыхъукIи, этнографиер иджыри куэдрэ дызыхуеину щIэныгъэщ.    

КЪУМАХУЭ Аслъэн.

 

Поделиться:

Читать также:

14.08.2026 - 13:50 НОБЭ
13.08.2026 - 07:55 НОБЭ
12.08.2026 - 12:25 НОБЭ
11.08.2026 - 09:07 НОБЭ