НОБЭ

Бадзэуэгъуэм и 16,  махуэку

1922 гъэм къалъхуащ адыгэ тхакIуэ КIэрэф Мухьэмэд.

1935 гъэм къалъхуащ СССР-м спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер, къэралым щэнейрэ и чемпион, КъБР-м физкультурэмрэ спортымкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Къуэдзокъуэ Анатолэ.

1940 гъэм къалъхуащ искусствоведенэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессор Мэлбахъуэ Борис.

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 26 – 28-рэ, жэщым градус 18 - 20 щыхъунущ. ЩIым и малъхъэдис щытыкIэм балли 4-кIэ зихъуэжынущ.

 

Лъэпкъ Iущыгъэ:

Джатэм пиупщIыр мэкIыжри,

жьэм пиупщIыр кIыжыркъым.

 

Зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.

Поделиться:

Читать также:

14.08.2026 - 13:50 НОБЭ
13.08.2026 - 07:55 НОБЭ
12.08.2026 - 12:25 НОБЭ
11.08.2026 - 09:07 НОБЭ