Бадзэуэгъуэм и 24, мэрем
Уи щхьэр езым бгъэфIэжыным и дунейпсо махуэщ
Урысейм щагъэлъапIэ Кадастр инженерым и махуэр
1942 гъэм нэмыцэдзэхэм Дон Iус Ростов къалэр яубыдащ икIи Кавказыр къэзэуным яужь ихьащ.
1940 гъэм къалъхуащ композитор, КъБР-м, КъШР-м я цIыхубэ артист, УФ-м щIыхь зиIэ и артист, УФ-м и Къэрал саугъэтым и лауреат Даур Аслъэн.
1940 гъэм къалъхуащ философие щIэныгъэхэмкIэ доктор, АКъУ-м и профессор Къэзан Хьэмзэт.
1944 гъэм къалъхуащ тхакIуэ, критик, литературэдж, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессор, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Гъут Iэдэм.
1961 гъэм къалъхуащ Адыгейм щыщ усакIуэ, тхакIуэ, драматург Хъунэгу Саидэ.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 27 - 28-рэ, жэщым градус 17 - 20 щыхъунущ. ЩIым и малъхъэдис щытыкIэм балли 5-кIэ зихъуэжынущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Нобэ пщIэфынур пщэдей умыхь.
Зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.