Дзэ-тенджыз флотым и махуэ

Къэралым и Дзэ зэщIэузэдахэм яхуэгъэзауэ гулъытэ нэхъ зыхуэщIыпхъэ махуэхэр хэгъэунэхукIыным теухуауэ УФ-м и Президентым 2006 гъэм накъыгъэм и 3I-м къыдигъэкIа унафэм ипкъ иткIэ, Урысей Федерацэм и Дзэ-тенджыз флотым и махуэр гъэ къэс зытрагъахуэр дызэрыт мазэм и еплIанэ тхьэмахуэрщ.  Зэрынэрылъагъущи, 2026 гъэм ар бадзэуэгъуэм и 26-м хуэзащ.

Мыр ящыщщ СССР-у щытами Урысей Федерацэми нэхъ щагъэлъапIэ икIи пщIэ нэхъ щыхуащI махуэщIхэм, къэрал псом и дежкIи мыхьэнэ нэхъ зиIэхэм. Мы махуэм абы гулъытэ хэIэтыкIа нэхъ хуэзыщIыр Хэкум и дзэ зэщIэузэдахэм хабжэ хыдзэлIхэм я закъуэкъым, атIэ ар зэдагъэлъапIэ къэралым и хы гъунапкъэхэр зыхъумэ кхъухьхэм я ухуакIуэхэми, ахэр псым трагъэхьэн ипэ зыхуей хуэзыгъазэхэми, зауэ зэпэщIэувэныгъэхэм я ветеранхэми, а псоми я унагъуэхэм исхэми.

Мы махуэм Урысей Федерацэм и щIыпIэ зэмылIэужьыгъуэхэм, псом хуэмыдэжу хыдзэлIхэр нэхъ щынэхъыбэ, щызэгъэуIуа къалэхэмрэ псы Iуфэхэмрэ гуфIэгъуэ Iуэхугъуэхэр къыщызэрагъэпэщ, цIыхухэр куэду щызэхуэс зэIущIэхэр щрагъэкIуэкI, ветеранхэр щызэIуощIэ, щэнхабзэмрэ спортымкIэ зэхьэзэхуэхэр щаублэ, гъэлъэгъуэныгъэ гъэщIэгъуэнхэр къыщызэIуах. Хабзэ зэрыхъуауэ, Дзэ-тенджыз флотым хэтхэм я парад нэхъыщхьэр Санкт-Петербургщ щрагъэкIуэкIыр.

Урысей къэралыгъуэм адэкIи-мыдэкIи хыдзэ къыщызэгъэпэщын зэрыхуейм егупсыс нэхъ щыхъуар XVII–XVIII лIэщIыгъуэхэм я зэпылъыпIэрщ. Абы щыгъуэщ зи щIыналъэм кIуэ пэтми нэхъри зезыгъэубгъу къэралыр, социальнэ-экономикэ IуэхухэмкIи зиужьын папщIэ, тенджыз IухьэпIэхэм хуэныкъуэ нэхъ щыхъуари, а унэтIыныгъэмкIи зихъумэжын зэрыхуейр унафэщIхэм нэхъ къащыгурыIуари.

Урысей Федерацэм и дзэ-тенджыз флотым, зэрыщыту къатщтэмэ, хохьэ хы щхьэфэми хы щIагъми къыщызыкIухь, щес кхъуафэхэр, псы гущIыIум къыщызылъэтыхь кхьулъатэхэр, хы псыIум бийр къыIузымыгъэхьэ дзэ пакIэхэр, къинэмыщIхэри. Мы Iуэхум хуолажьэ дзэ-тенджыз флотым ГидрографиемкIэ и къулыкъури.      

 БЭРАУ Бышэ.

Поделиться:

Читать также:

17.08.2026 - 12:26 НОБЭ
14.08.2026 - 13:50 НОБЭ
13.08.2026 - 07:55 НОБЭ
12.08.2026 - 12:25 НОБЭ