НОБЭ

Бадзэуэгъуэм и 27, блыщхьэ

УФ-м и Дзэ-Тенджыз флотым и махуэщ
1922 гъэм
Адыгей автономнэ областыр къызэрагъэпэщащ.
1981 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш академиер къызэIуахащ. Иджы ар Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетщ.
1991 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щагъэуващ президент къулыкъур.
1924 гъэм къалъхуащ адыгэ усакIуэ, драматург Чуякъуэ Джэфар.
1928 гъэм къалъхуащ Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Iэбубэчыр Нажмудин.
1936 гъэм къалъхуащ медицинэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессор Щомахуэ Алексей.
1940 гъэм къалъхуащ Адыгэ Республикэм и цIыхубэ тхакIуэ, УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Чуякъуэ Инус.
1947 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ КIэнэтI Лидэ.
1952 гъэм къалъхуащ адыгэ тхакIуэ, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, щIэныгъэлI, Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ и журналист Къуиикъуэ Асфар.

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 23 – 25-рэ, жэщым градус 19 - 21-рэ щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:
Пхуэмыфащэ щауэгъу умыщI.

Зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

17.08.2026 - 12:26 НОБЭ
14.08.2026 - 13:50 НОБЭ
13.08.2026 - 07:55 НОБЭ
12.08.2026 - 12:25 НОБЭ