НОБЭ

Бадзэуэгъуэм и 28, гъубж 
Гъуэжь узым ебэныным и дунейпсо махуэщ
1957 гъэм Москва къалэм къыщызэIуахащ щIалэгъуалэмрэ студентхэмрэ я VI дунейпсо фестивалыр. Абы хэтащ къэрали 131-м къикIа ныбжьыщIэ мин 34-рэ. «Кабардинка» къэрал къэфакIуэ ансамблыр а фестивалым и лауреат хъуащ.
1900 гъэм къалъхуащ Сирием щыпсэуа жылагъуэ лэжьакIуэ, Сорбоннэ дэт университет цIэрыIуэр къэзыуха, «Шэрджэсхэм я тхыдэр», «Пащтыхьхэм я бийуэ шэрджэсхэм ирагъэкIуэкIа зауэхэр» лэжьыгъэхэр зи Iэдакъэ къыщIэкIа Сэмгугъу Iэмин.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ.  Хуабэр махуэм   градус 27 – 28-рэ, жэщым градус 18 - 20 щыхъунущ. 
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Узигъусэм и фэ къуаплъ.
Зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

12.08.2026 - 12:25 НОБЭ
11.08.2026 - 09:07 НОБЭ
07.08.2026 - 15:30 МащIэ пэтми, беягъэщ
07.08.2026 - 13:44 Нобэ
06.08.2026 - 09:49 НОБЭ