НОБЭ

Бадзэуэгъуэм и 29, бэрэжьей

Къаплъэным и дунейпсо махуэщ

1941 гъэм къалъхуащ щIэныгъэлI, адыгэхэм я мэкъумэш, ботаникэ щэнхабзэр джыным хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа Хьэкъун Барэсбий.

1945 гъэм къалъхуащ Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ и журналист Сэхъутэ Нурбий.

1947 гъэм къалъхуащ Сирием щыщ дзэ къулыкъущIэ, жылагъуэ лэжьакIуэ, генерал-майор, СХьР-м и Адыгэ ФIыщIэ хасэм и тхьэмадэм и къуэдзэ Къэбэрдей Аднан.

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уэшх къыщешхынущ.  Хуабэр махуэм градус 14 - 25-рэ, жэщым  градус 18 – 20  щыхъунущ. ЩIым и малъхъэдис щытыкIэм балли 5-кIэ зихъуэжынущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:

Уи гуащIэ еплъи, уи лъэ гъэбакъуэ.

Зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.

 

Поделиться:

Читать также:

12.08.2026 - 12:25 НОБЭ
11.08.2026 - 09:07 НОБЭ
07.08.2026 - 15:30 МащIэ пэтми, беягъэщ
07.08.2026 - 13:44 Нобэ
06.08.2026 - 09:49 НОБЭ