НОБЭ

ШыщхьэуIум и 11, гъубж

1957 гъэм Москва щызэхуащIыжащ ЩIалэгъуалэмрэ студентхэмрэ я VI дунейпсо фестивалыр. Хэкум ис адыгэхэмрэ хамэ къэралхэр IэмалыншагъэкIэ псэупIэ зыхуэхъуахэмрэ я лIыкIуэхэу а зэхуэсышхуэм хэтахэр абы щызэрыгъуэтыжауэ, я хъыбар щызэIэпахауэ щытащ.
1934 гъэм къалъхуащ КъБР-м и цIыхубэ артист, УФ-м щIыхь зиIэ и артист Къаздэхъу СулътIан.
1945 гъэм
къалъхуащ медицинэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессор, РАЕН-м и член-корреспондент, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Елгъэр Анатолэ.
1949 гъэм
къалъхуащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Беслъэней Владимир.
1966 гъэм
къалъхуащ экономикэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъМУ-м и профессор ДзыхьмыщI Иринэ.

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 27 - 28-рэ, жэщым градус 19 - 20 щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:
Егъэлеямэ, фори ткIыбжьщ.

Зыгъэхьэзырар ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

11.09.2026 - 12:10 НОБЭ
10.09.2026 - 09:30 НОБЭ
09.09.2026 - 12:28 НОБЭ