НОБЭ

ШыщхьэуIум и 14, мэрем

Абхъазыр зыхъумэу хэкIуэдахэм я фэеплъ махуэщ. 1992 гъэм Куржы-Абхъаз зауэм щIидзащ.

1932 гъэм Москва Союзхэм я унэм и Колоннэ залым цIыхубэ творчествэмкIэ щекIуэкIа зэпеуэм Къэбэрдей-Балъкъэрым икIахэм етIуанэ увыпIэр щаубыдащ.

1941 гъэм къалъхуащ шэрджэс усакIуэ, тхакIуэ Дыгъужь Къурмэн.

1948 гъэм къалъхуащ Тыркум щылажьэ КАФФЕД-м и президент къулыкъур зезыхьа, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэм и къуэдзэу щыта Джандемир (Гугъэв) Джихьан.

1961 гъэм къалъхуащ шэрджэс усакIуэ, КъШР-м, Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ я журналист Тхьэгъэпсэу Увжыкъуэ.

1966 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Тхьэщыгъуей Жаннетэ.

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 20 - 21-рэ, жэщым   градус 17 - 18 щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:

ЗымыщIэф унафэ щIынкIэ ерыщщ.

 

Зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.

 

Поделиться:

Читать также:

11.09.2026 - 12:10 НОБЭ
10.09.2026 - 09:30 НОБЭ
09.09.2026 - 12:28 НОБЭ