ФокIадэм и 1, гъубж
♦ЩIэныгъэхэм я махуэщ
♦Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Къэралыгъуэм и махуэщ.
♦Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Конституцэм и махуэщ.
♦Дзэ щIыхьым и къалэ, КъБР-м и щыхьэр Налшык и махуэщ.
♦1969 гъэм урыс пащтыхь Иван IV и щхьэгъусэ, Идар Темрыкъуэ ипхъу Гуащэнэ (Марие) дунейм ехыжащ.
♦1674 гъэм адыгэпщ Муцал и къуэ Къасболэт и дзэм Азов и деж тыркудзэр щызэтрикъутащ.
♦1940 гъэм Тырныауз вольфрам-молибден комбинатыр лажьэу яутIыпщащ.
♦1940 гъэм Налшык къыщызэрагъэпэщащ адыгэ, балъкъэр балет студиехэр.
♦1909 гъэм къалъхуащ къэрал лэжьакIуэ, Къэбэрдей АССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и УнафэщIу щыта Къудей Чэрим.
♦1922 гъэм къалъхуащ Совет Союзым и ЛIыхъужь Къуэш Алий.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уфауэ щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 21 - 22-рэ, жэщым градус 14 - 16 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Анэр нэщи, адэр лъэпкъщ.