Iэпкълъэпкъыр псынщIэ зыщI IэмалБлэкIа гъунэгъум къызэрыхэщыжымкIэ, «рекреацэ» фIэщыгъэр СССР-м къыщапсэлъын щрагъэжьар 1960 гъэхэм я етIуанэ Iыхьэм къыщыщIэдзауэщ. Унагъуэр зыхуей хуэгъэзэным, лэжьыгъэм, еджэным къыпэрыкIыу, цIыхум и узыншагъэр щызэтригъэувэжын, зыщигъэпсэхун, и нэгу зыщригъэужьын щIыпIэ гуэрым нэсыным хуэпабгъэу гъуэгу зэрытехьэм «рекреацэ туризмкIэ» йоджэ. ЩыIэщ туризмэр рекреацэм и Iыхьэ нэхъыщхьэу къэзылъытэхэри а тIур зэпх мыхъуну зыгъэувхэри. АтIэми, рекреацэм халъытэ псори туризмэкъым. Псалъэм папщIэ, «рекреацэщ» цIыхухэр къалэбгъу-жылэбгъухэм щаIэ лъапсэхэм зэрилэжьыхьри, физкультурэмкIэ IуэхущIапIэхэм зэрызыщапсыхьри, зэштегъэупIэхэм зэрыкIуэри, гъуазджэмкIэ зэгухьэныгъэхэм зэрыхэтри. Туризмэм, къызэралъытэмкIэ, зыгъэпсэхукIэм къинэмыщIауэ хохьэ лэжьыгъэ IуэхукIэ гъуэгуанэ хэхам зэрызрапщытри а унэтIыныгъэм хэхъуэ къыхэхынри. Ауэ щыхъукIи, «рекреацэ туризм» псалъэ зэхэтым къызэщIекъуэ гъуэгу техьам езым фIэгуапэу къыхиха щIыпIэ нэхъ жыжьэхэри, цIыхухэр нэхъ дэзыхьэх нэгузегъэужьыпIэ-зытегъэупIэ «зыкъизыххэри», Iэпкълъэпкъыр быдэ зыщI спорт лIэужьыгъуэхэри, зи къабзагъэрэ дахагъэкIэ узыIэпызышэ «тэхъуанэхэм» зэрызыщаплъыхьри, хы Iуфэ-псы Iуфэхэм «зэрыщепсыхри», лъэс къэкIухьыкIэри, нэгъуэщI абы хуэдэхэри. КъыжыIэпхъэщ, мы къедбжэкIахэм ящыщу лъэсу къэкIухьыныр нэхъ зэгъэхъулIэгъуафIэу зэрыщытым имызакъуэу, узыншагъэр зэрызэтрагъэувэж Iэмал нэхъ тыншхэм ящыщу куэдым къызэрабжари. Абы и телъхьэщ медицинэм и лэжьакIуэхэри. Лъэсу къэкIухьыным цIыхум и Iэпкълъэпкъыр епсыхь, и пкъырыпкъынэхэр нэхъ псынщIэ ещI, зэрегъэкIыж. Хэти дыкъезыхуэкI, ди пIэ дизымыгъэс къару нэхъ инхэм ящыщщ щIэ гуэр зэгъэцIыхуным дапщэщи дызэрыхуэчэмымрэ «дыздэкIуэм къыщытпэплъэр сыт?» жыхуиIэ гупсысэмрэ. Апхуэдэ хьэл-щэнрэ нэщэнэрэ зыхэлъ нэрыбгэхэм дэнэ щIыпIи дащрохьэлIэ. Ауэ щыхъукIи, арагъэнущ ЩIы Хъурейм тет къэрал псоми туризмэм пщIэ лей щIыхуащIыр. ЩIыгур псэтыншыгъуэу нэгузыужьыпIэщ абы и мэзхэмрэ и псыхъуэхэмрэ цIыхуIэ зэралъэмыIэсауэ къызэтрагъанэмэ, узыншагъэм хуэщхьэпэ къэкIыгъэхэм дащыIущIэмэ, тхыдэ-щэнхабзэ фэеплъхэм дыщыхуэзэмэ. Дахагъэр щытепщэ щIыналъэхэм ди нэплъэгъуэр ягъэбжьыфIэ къудейкъым, атIэ ди къэухьми зрагъэужь, зэхэщIыкIми хагъахъуэ. Апхуэдэщ, псалъэм и хьэтыркIэ, археологие щIэныгъэм хуэгъэза щIытI лэжьыгъэхэр зэрырагъэкIуэкIым зэрыкIэлъыплъыр, къуалэхэм, псэущхьэхэм я щыIэкIэмрэ псышхуэхэм, хыжьейхэм я лъабжьэхэм къыщыхъу-къыщыщIэхэмрэ зыхуэдэм щыгъуазэ захуэщIыныр, нэгъуэщIхэри. «Рекреацэ» фIэщыгъэмкIэ къызэщIэкъуэн хуейуэ къагъэувхэм ящыщщ Iуащхьэ лъагэхэм зэрыкIэрыхьэ-къызэрехыжыр, щакIуэ IуэхукIэ зэрыдэкIыр, бдзэжьей ещэныр, шы тесыкIэр, кхъуафэ лъэрыт жьгъейхэмкIэ хысыджхэм «зэрышэсыр», нэгъуэщI абы хуэдэхэри… ГурыIуэгъуэщ, дауи, мы иужьрейхэм захуэгъэхьэзырынымрэ абыхэм яхуэгъэпса Iэмэпсымэхэр зэтеухуэнымрэ гугъуехь Iэджи зэрыпылъыр. АрщхьэкIэ, дызэрыщыгъуазэщи, абы щхьэкIи къызэтемыувыIэу, дызытепсэлъыхь спорт лIэужьыгъуэхэм дихьэххэм я бжыгъэр нэхъыбэ хъу зэпытщ. КъризэщIэткъуэжынщи, цIыхум и ешымрэ и езэшымрэ щхьэщызыгъэу, къаруущIэхэр къыхэзылъхьэж сыт хуэдэ Iэмалри, ар щIыуэпсым пыщIамэ, «рекреацэщ».
Поделиться:
Читать также:
12.10.2026 - 14:32 →
Дыщэ медалу тху
12.10.2026 - 14:29 →
Спорт хъыбархэр
06.10.2026 - 18:51 →
Спорт хъыбархэр
05.10.2026 - 17:00 →
Спорт хъыбархэр
04.10.2026 - 16:38 →
Спорт хъыбархэр
| ||




