Домбеякъ медалу тIуУрысей Федерацэм боксымкIэ и чемпионат иджыблагъэ щекIуэкIащ Мордовием и Саранск къалэм. Абы щызэхуэсащ ди къэралым и спортсмен лъэщу 320-рэ, я ныбжькIэ илъэс 19-40-хэм къриубыдэу. Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэхэм зэхьэзэхуэм хъарзынэу зыкъыщагъэлъэгъуащ икIи домбеякъ медалитI абы къыщахьащ. Килограмм 75-рэ зи хьэлъагъхэм я деж ещанэ щыхъуащ Къущхьэ Iэмин. Финалым и Iыхьэ ныкъуэр абы очко бжыгъэкIэ иригъэхьащ Тэтэрстаным щыщ Сергеев Сергей. «Сэ нобэ къыспэщIэтащ егъэлеиныгъэ лъэпкъ хэмыту хьэрхуэрэгъу лъэщ икIи къызолъытэ ар боксер нэхъыфI дыдэхэм ящыщу. А щIалэм къилэжьат финалым хэтыну. Сэ схузэфIэкIащ абы и ебгъэрыкIуэныгъэр зэтесIыгъэну, ди зэIущIэри хьэлэмэту екIуэкIащ. ФIыщIэ фIэкIа нэгъуэщI хуэфащэкъым Iэмин, ауэ финалым икIыну зыхузэфIэкIар сэращ. Си гугъэмкIэ, зымащIэкIэ сэ нэхъыбэрэ сытехуащ, итIанэ, сэ нэхъ сыхущIэкъуащ текIуэныгъэм. Си къалэн нэхъыщхьэр – дыщэ медалырщ. Согугъэ УФ-м и чемпион тIэунейрэ сыхъуну. Нэгъабэ етIуанэ сыхъуауэ аращ. Иджыпсту си плъапIэр дыщэрщ», - яжриIащ журналистхэм Сергеевым, Къущхьэ Iэмин езэуа нэужь. Килограмм 86-рэ зи хьэлъагъхэм я дежи апхуэдэ зэфIэкIхэр къыщигъэлъэгъуащ Занилэ Идар. Мыбдежми, финалым и Iыхьэ ныкъуэм абы къыщытекIуащ Мэзкуу областым и боксер Усов Михаил. ЩIалэхэр зэхьэзэхуэм хуагъэхьэзыращ КIэрэф Залымрэ Занилэ Муратрэ.
Поделиться:
Читать также:
12.10.2026 - 14:32 →
Дыщэ медалу тху
12.10.2026 - 14:29 →
Спорт хъыбархэр
06.10.2026 - 18:51 →
Спорт хъыбархэр
05.10.2026 - 17:00 →
Спорт хъыбархэр
04.10.2026 - 16:38 →
Спорт хъыбархэр
| ||




