Псэм и къарур нэхъ инщ

БэнэкIэ зэмылIэужьыгъуэхэр нобэрей щIалэгъуалэр дэзыхьэх спорт къудамэщ. Зыкъэдумысыпэмэ, узытхьэкъун теплъэгъуэу мащIэ дыдэщ абдежым щыплъагъур. Ауэ зэбэнхэм къадэщIхэм уащыхэплъэкIэ, лъэныкъуитIым я зыр ууейуэ къыпфIыщIокI. Кавказым узэрыщыщым щхьэхуимыту уи лъахэгъум и лъэныкъуэр къыуегъащтэ.

Дагъыстэным щыщ бэнэкIэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ пелуан Махачев Ислъам ику ит хьэлагъымкIэ къихьауэ щыта бгырыпхыр ЮФС-330 зэхьэзэхуэм щигъэпэжарщ. Махачевымрэ Ирландием щыщ Гэрри Йэнрэ щызэпэщIэтар США-м хыхьэ Филадельфие къалэрщ. Жэпуэгъуэм илъэс 35-рэ хъуну лак щIалэм а бэнэгъуэм ирихьэлIэу бгырыпхитI къихьэхуат. Илъэс 28-м ит ирланд щылъхум апхуэдэ зыри иджыри иIэтэкъым, ауэ ар Ислъам нэхърэ сантиметр 12-кIэ нэхъ лъагэт, къыдэщIхэм зэрыжаIэмкIи, зэрынэхъ иным Махачевым зыIэримыгъэхьэну лъэкIыныгъэ къритыну узыщигъэгугъырт.

ММА-м хэт, Америкэм щызауэ дагъыстэн бэнакIуэхэмрэ абыхэм къапэщIэувэ хамэ лъэпкъ щIалэхэмрэ я зэхуакум гуапагъэ щыболъагъу. Гэрри Йэн и къуэ цIыкIур Махачевым итхьэкъуауэ къызэрыщIэкIар зэкъым, тIэукъым операторхэм гъэщIэрэщIауэ къызэрагъэлъэгъуар. ИлъэсиплI фIэкIа мыхъу сабийим апхуэдэ гулъытэр и адэм фIэкIа зыми къыбгъэдихыфынутэкъым. ЗэпэщIэтыныгъэр екIуэкIыху, Йэн мызэ-мытIэу Ислъам «къысхуэгъэгъу» псалъэхэмкIэ зыхуигъэзащ, и Iэр зытемыхуапхъэм зэрыфIэкIуам къыхэкIыу. Бэнэныгъэр иуха нэужь, езы Махачевым гушыIэу къыхигъэщащ: «Йэн нобэ пщIэ куэдыIуэ къыщысхуищIащ мы зэхэуэм».

Махачевыр ди щхьэусыгъуэу, нэхъыбэр дыкъизыгъэкIуэт щхьэхынагъым дытевгъэпсэлъыхь. Абдулманап щхьэмахуэм и жьэр зэщIихыху къыжьэдэкIыу щыта «дисциплина» псалъэм и адыгэбзэр къысхуэгъуэтакъым. Мыбдежым зи гугъу тщIыр псалъалъэм къыдит «жыIэдэIуагъ» мыхьэнэракъым, нэхъыщIэр нэхъыжьым и унафэм щIэзыгъэт Iэсагъыркъым икIи. Спортми, гъуазджэми, щэнхабзэми, хабзэ дыдэми зэчий гуэр зыбгъэдэлъ цIыхум зыхигъэзыхьыжурэ къехьэлъэкI къалэн щегъэзащIэ. Спортсменыр и Iэпкълъэпкъым елIалIэмэ, уэрэджыIакIуэр и макъым йолэжь, тхакIуэр матхэ, къэфакIуэр, еша пэтми, къофэ, зи жеин къакIуэр къотэдж, сытми, Iуэху мыублэм хэс блэм йобгъэрыкIуэ. «Нэмэзыр жейм нэхърэ нэхъыфIщ» жиIэу, пщэдджыжь къэс къаджэ азэнри зытепсэлъыхыр дисциплинэм и зы Iыхьэщ. ЦIыхум зыхигъэзыхьыжын хьэл бгъэдэмылъмэ, псэущхьэ гъащIэ фIэкIа ирихьэкIыфынукъым, езым хуэдэхэм ялъэщIэмыхьэу, къыдалъхуа фIыри IэщIэкIуэдэжынущ.

«Сэ илъэси 7 сыхъуу щIэздзащ тренировкэхэм, - игу къегъэкIыж Махачевым. – Дагъыстэным ар уи псэукIэм и зы Iыхьэ щохъу. Абы Хьэбибрэ и адэмрэ сащыхуэзащ, иджыпсту спортым щызигъусэ си къуэшхэри щызэзгъэцIыхуащ. ЩыщIэддзагъащIэм, дызыхуей дыхуэзауэ дыщыттэкъым дэ. ШхыныфI диIэтэкъым, машинэм е спортзалым нэху дыкъыщыщекI къытхуихуэрт, итIани, дымыувыIэу зыдгъасэрт, тщIапхъэр тщIэрт, зы щхьэкIи къэдмыгъанэу. Апхуэдэурэ сыкъыдэкIуэтеящ, ауэ абы иджы срогушхуэ. Гугъуехьым уи гъащIэр пхъуэжыным утрегъэгушхуэ. Аращ нобэ къызэхъулIам сыщIынэсыфар».

«Сыт хуэдэ хъуэр нэхъ гуащIэ дыдэу Хьэбиб къуидзар?» - жаIэу щеупщIым, Ислъам куэдрэ гупсысакъым. «Зэгуэр зызгъэпсэхуу сыщысти, зыкъысхуигъазэри къызжиIащ: «Дауэ зэрызыбгъэпсэхунур, узыхэт лъэныкъуэм дуней псом ущымыпэрыту?»

Апхуэдэ Iуэху тегушхуэкIэ уиIэн папщIэ, гъэсэныгъэ къызэрымыкIуэ бгъуэтауэ щытын зэрыхуейм шэч хэлъ? Мы щIалэхэр адрейхэм зэратекIуэм и закъуэкъым пщIэ къыщIыхуащIыр. Иджы нэрылъагъу хъуащ Абдулманап езым и къуэр зыхэт гупым и бынхэм хуэдэу зэрахущытари, цIыху къахищIыкIыну зэрыхущIэкъуари. А псори зрипхыр «дисциплина» псалъэрт.

«Сэ сызэреплъымкIэ, щIалэр е спортым, е диным дихьэхыу щытын хуейщ, - щыжиIауэ щытащ и интервьюхэм я зым Нурмагомедов Хьэбиб. – Диным и фIыгъэкIэ, гур мамыр мэхъу. Спортым фIы фIэкIа къыдэкIуэркъым. А тIум я зым димыхьэхыр мыхъумыщIагъэм, наркотик хуэдэхэм яIэщIэхуэнкIэ шынагъуэщ».

Спортыр къыдогъанэри, зи гугъу тщIы дагъыстэн бэнакIуэхэм инджылызыбзэр хуиту зэрагъэшэрыуэри пщIэ щIахуэпщIын щхьэусыгъуэщ. Махачеври, Нурмагомедов Умари, Уэсмэни иропсалъэ абы. Абы и фIыгъэкIэ, щIалэхэм Кавказри езыхэр къызыхэкIа лъэпкъхэри зымыцIыхухэм я псэукIэм, я тхыдэм дунейпсо цIыхубэр щыгъуазэ ящI.

Узыхуэмыхьэзыр гуэр къыщымыхъу утыку ихьэгъуэ щыIэу пIэрэ?

ЗэрымыщIэкIэ Америкэм щыIэ хъыджэбз гуэрым Махачевым и бэнэгъуэм Урысейм и ныпыр здихьауэ къыщIэкIащ. Ислъам щытекIуэм, ныпыр хъыджэбзым къыIэщIахри, щIалэм и щIыбагъым щаукъуэдиящ. Илъэс бжыгъэкIэ спорт зэхьэзэхуэхэм щрамыгъэIэта къэралым и бэракъми и пщIэр щигъуэтыжащ бэнакIуэхэм я утыкум.

 «Дэ, Урысейм щыщхэм, иджы я фIэщ тщIащ мы спорт лIэужьыгъуэмкIэ дуней псом япэ дызэритыр, - жиIащ Махачевым утыкум къыщикIыжым. –Дымыкъутауэ зы рекорд къэдгъэнэнукъым».

 Ислъам и текIуэныгъэм и мыхьэнэм тепсэлъыхьыжахэм язщ УФ-м и Жылагъуэ палатэм щыщ Адельшинов Елдар: «Махачевыр дуней псом къыщацIыху спортсменщ, ауэ щыхъукIэ, абы къызыхэкIар зэи зыщигъэгъупщэркъым. Абы къехъулIахэм я щIыбагъым езым и гугъуехьышхуэм нэмыщI, Мэхъэчкъали, Дагъыстэнри, и унагъуэри, тренерхэри, и хьэлыр зэтезыгъэува спорт еджапIэри къыдэтщ. Дагъыстэным дежкIэ абы и текIуэныгъэм мыхьэнэ щхьэхуэ иIэщ. Дуней утыкум ихьэу, спортсменыр къыщалъхуа и лъахэм щытепсэлъыхькIэ, ар цIыху мелуанхэм къацIыху».

И къуэр лIы хьэл хуэчэму къызэрыдэкIуэтейм тегузэвыхь гуэр Махачевым къыщыхуэтхьэусыхэм, жриIауэ щытари дигу къэдвгъэгъэкIыж: «Дагъыстэным нэгъакIуи, илъэситI-щыкIэ зыщыгъэгъупщэ».

ЩIыпIэ жыжьэ щыIэу цIэрыIуэ хъуам и пщIэр лъагэ щыхъур мис апхуэдэу и Хэкум кърит къарур и нэгум иралъагъуэмэщ. Сыт хуэдизу замыузэщIами, мы щIалэхэм зыми гурыщхъуэ ирагъэщIакъым къыщалъхуа щIыпIэр къагъанэу, IэплIэ зэIухакIэ щрагъэблагъэ Америкэм е Эмиратхэм лъапсэ щаухуэну. Кавказ хьэл нэгъуэщI щIыпIэ къыщыпхуэщтэнукъым.

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться:

Читать также:

12.10.2026 - 14:32 → Дыщэ медалу тху
12.10.2026 - 14:29 → Спорт хъыбархэр
06.10.2026 - 18:51 → Спорт хъыбархэр
05.10.2026 - 17:00 → Спорт хъыбархэр
04.10.2026 - 16:38 → Спорт хъыбархэр