ФокIадэм и 8-р Журналистхэм я зэкъуэтыныгъэм и махуэщ
Илъэс къэс фокIадэм и 8-м дуней псом щагъэлъапIэ Журналистхэм я зэкъуэтыныгъэм и махуэр. Ар щагъэувауэ щытащ Журналистхэм я дунейпсо зэгухьэныгъэм (МОЖ) и IV зэхуэсу 1958 гъэм Бухарест щекIуэкIам, прессэм и лэжьакIуэхэр зэдэууэ зэрылажьэм, хуиту узыхуейм утепсэлъыхь зэрыхъунум и дамыгъэу. Ар зэдагъэлъапIэ журналистхэм, корреспондентхэм, репортёрхэм.
Махуэри тегъэщIапIэншэу къыхахакъым: ар и фэеплъщ Чехословакием щыщ журналист, тхакIуэ, литературэ икIи театр критик, мы къэралым и компартым жыджэру хэта, фашистхэм я бий Фучик Юлиус. 1942 гъэм и мэлыжьыхь мазэм гестапэм иубыдри, 1943 гъэм фокIадэм и 8-м нацистхэм Берлин щхьэпылъэ щащIат. Гестапэм щыIэу, Фучик итхауэ щытащ «Репортаж с петлей на шее» тхылъ цIэрыIуэр, и IэщIагъэм хэлъ лIыгъэм и дамыгъи хъуащ ар. ИкIи, зэрымыпсэужым хуэдэу, 1950 гъэм абы и гуащIэм хуагъэфэщащ Мамырыгъэм и лъэпкъыбэ саугъэтыр. А тхылъым ноби щIэупщIэшхуэ иIэщ.
Махуэшхуэм и мыхьэнэ нэхъыщхьэр хъыбарегъащIэ IэнатIэм и лэжьакIуэхэр зэкъуэгъэувэнырщ, абыхэм я лэжьыгъэм гулъытэ хуегъэщIынырщ, я Iуэхур ядэIыгъынырщ, псом хуэмыдэу Iуэху шынагъуэ, жэуаплыныгъэ зыпылъ щызэфIагъэкIым и деж.
Хабзэ зэрыхъуауэ, Журналистхэм я зэкъуэтыныгъэм и махуэм ирихьэлIэу, а IэщIагъэм и лэжьакIуэу дуней псом и щIыналъэ зэмылIэужьыгъуэхэм щыпсэухэр зэхуос, ирагъэкIуэкI зэIущIэхэмрэ конференцэхэмрэ хэтщ. «ЕплIанэ власть» зыфIаща а IэнатIэм пэрытхэр топсэлъыхь я лэжьыгъэм ехьэлIа Iуэху еплъыкIэ-бгъэдыхьэкIэхэм, нэхъ къыхэжаныкIахэм гулъытэ хуащI, ахъшэ саугъэтхэмкIэ, тыгъэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ ягъэлъапIэ.
Журналистикэр къэхъуа-къэщIахэр птхыжыным я закъуэкъым, атIэ тхыдэщ, къэгъэшыпIэ телъыджэхэр езым иIэжу. А IэнатIэм и псыпэми гъэщIэгъуэн куэд хэлъщ. Псалъэм и хьэтыркIэ, иджырей хъыбарегъащIэ IэнатIэхэр къытекIауэ жыпIэ хъунущ пасэрей хъыбар егъэщIэкIэм. Цезарь Юлий къыдигъэкIыу щытащ «Деяния сената» жыхуиIэр, иужькIэ «Ежедневные общественные дощечки» зи фIэщыгъэр. ТIуми традзэр махуэ къэс къэхъу Iуэхугъуэхэрат. 911 гъэм щегъэжьауэ Китаим дунейм къыщытехьэу щытащ «Цзинь бао» («Столичный вестник») пасэрей къыдэкIыгъуэр.
Урысейм и япэ печать къыдэкIыгъуэр Пётр I и жэрдэмкIэ 1702 гъэм ягъэхьэзыру щIадза «Ведомости»-ращ. Императорым езым и щхьэкIэ къыхихырт абы ихуэну тхыгъэхэр.
Михаил Фёдорович, Алексей Михайлович пащтыхьхэм ягъэхьэзыру щытащ «Вести-Куранты» («Вестовые письма», «Столбцы») Iэрытх къыдэкIыгъуэхэр. Ар ягъэхьэзырырт Посол приказым и дьякхэм: хамэ къэрал хъыбарыщIэхэр зэрадзэкIырт икIи сондэджэрхэм я деж къэхъукъащIэхэр щызэхуахьэсырт.
Псори фIыуэ дызыщыгъуазэ «газет бабыщ» жыIэгъуэр сыт къызытекIар? Бельгием щыщ гушыIэрей Корнелиссен зэгуэрым газетым къытридзащ зы бабыщ гуэрым и ныбжьэгъу 19 зэришхыжам теухуа хъыбар, цIыхухэр зэрыжыIэзыфIэщым щыдыхьэшхын мурадкIэ. Абы щегъэжьауэ хъыбарыпцIхэм «бабыщ газеткIэ» йоджэ.
ЕплIанэ власть ауэ сытми фIащатэкъым журналистикэм. А IэщIагъэр зи Iэпэгъухэм фIэлIыкIышхуэ яIэт, я псалъэм щышынэрт, я жыIэм едаIуэрт. Иджыпстуи пхужыIэнукъым пщIэи щхьэи ямыIэу, ауэ зэрыщытам фIыуэ кIэрыхуащи, зэгуэр яIа гулъытэм къигъэзэжыну ди гуапэщ.