Тэрчым щыщ ныбжьыщIэхэр зэпоуэ

Терроризмэм ебэнхэм я зэкъуэтыныгъэм и махуэм траухуэри, Тэрч щIыналъэм и Курп Ипщэ къуажэм ныбжьыщIэхэм футбол цIыкIумкIэ я зэхьэзэхуэ щрагъэкIуэкIащ. Хэгъэрейхэм нэмыщI, абы щызэпеуащ Хьэмидей, Терекскэ, Плановскэ, Урожайнэ, Ново-Хьэмидей, Акъбащ Ипщэ къуажэхэм я командэу 7. 

ГъэщIэгъуэну икIи удэзыхьэхыу екIуэкIа зэIущIэм и кIэух Iыхьэм икIащ Плановскэмрэ Урожайнэмрэ я топджэгу ныбжьыщIэхэр. Ещанэ увыпIэм щхьэкIэ зэпеуащ Курп Ипщэмрэ Хьэмидеймрэ я командэхэр. Мыбдежым зэIущIэм хухаха зэманым зэрытемыгъакIуэу и кIэм нэсри, нэхъ лъэщыр пенальтикIэ зэхагъэкIын хуей хъуащ абыхэм икIи Хьэмидейм щыщ щIалэхэр текIуащ.
Зэхьэзэхуэм Плановскэм и командэр щытекIуащ, кIэух зэIущIэм и бжыгъэр 5:2-уэ. Урожайнэм и ныбжьыщIэхэр етIуанэ хъуащ. 
КъищынэмыщIауэ, зэхьэзэхуэм и топджэгу нэхъыфIу Гуазэ Муслим къалъытащ, гъуащхьэтетхэм я деж Дэрахъэ Сэлим къыщыхагъэщхьэхукIащ, гъуащхьауэхэм я нэхъ лъэщыр Тэнащ Тузарщ.
Япэ увыпIищыр къэзыхьа командэхэм щIыхь тхылъхэр, кубокхэр, медалхэр, фэеплъ саугъэтхэр иратащ.
 

 

БОРИЙ Ратмир.
Поделиться:

Читать также:

12.10.2026 - 14:32 → Дыщэ медалу тху
12.10.2026 - 14:29 → Спорт хъыбархэр
06.10.2026 - 18:51 → Спорт хъыбархэр
05.10.2026 - 17:00 → Спорт хъыбархэр
04.10.2026 - 16:38 → Спорт хъыбархэр