Амир ещанэ мэхъу

Тхэквондо

Налшык къалэм и «Гладиатор» спорт комплексым щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ Кавказ Ищхъэрэм и чемпионат. Абы кърихьэлIащ КИФЩI-м и щIыналъэхэм я спортсмен лъэщхэр.

Зэхьэзэхуэр къызэрыхахыу щытащ икIи абы къыщыхэжаныкIахэм Iэмал ягъуэтащ УФ-м пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ мы гъэм зэхашэну зэпеуэм я зэфIэкIхэр щагъэлъэгъуэну.

Килограмм 68-рэ зи хьэлъагъхэм я зэпеуэм ещанэ увыпIэр къыщихьащ ди республикэм и гъэсэн, Бахъсэн щIыналъэм щыщ Гъут Амир. Финалым и Iыхьэ ныкъуэм абы къыщытекIуащ Осетие Ищхьэрэ - Аланием и спортсменыр икIи ищхьэIуэкIэ дэкIуеину Iэмал иIэжакъым.

Амир зэхьэзэхуэм хуагъэхьэзыращ Купшын Азэмэтрэ Гъут Рустамрэ.

СЫЖАЖЭ Аскэр.

 

 

 

 

Поделиться:

Читать также: