ФокIадэм и 15, гъубж
♦Дагъыстэным щыпсэу лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и махуэщ
♦1932 гъэм КъэбэрдейБалъкъэр къэрал пединститутыр къызэIуахащ.
♦1938 гъэм къалъхуащ усакIуэ, критик, литературовед, КъБКъУ-м и доцент Къэжэр Хьэмид.
♦1946 гъэм къалъхуащ егъэджакIуэ, узэщIакIуэ, зэдзэкIакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ Хъуажь Фахъри.
♦1949 гъэм къалъхуащ шэрджэс усакIуэ, журналист Пхъэш МуIэед.
♦1959 гъэм къалъхуащ усакIуэ, тхакIуэ, драматург Лыкъуэжь Нелли къыщалъхуа махуэщ.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм щIыпIэ-щIыпIэкIэрэ уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 19 - 22-рэ, жэщым градус 17 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Зи гупкIэ пысым и псысэ еIуатэ.