МедалитI къахь

Урысейм и Кубокыр ММА-мкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ Тулэ къалэм щекIуэкIащ мы махуэхэм. Абы щызэпеуащ ди къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 27-м я спортсмену, щIалэхэри хъыджэбзхэри зэхэту, 120-рэ.

Урысейпсо зэхьэзэхуэм я зэфIэкIхэр щагъэлъэгъуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэхэми икIи ехъулIэныгъэхэр яIэу къагъэзэжащ. ЖыпIэнурамэ, килограмм 93-рэ зи хьэлъагъхэм я деж дыжьын медаль къыщихьащ Истепан Алим. Апхуэдэ щIыкIэкIи, мы гъэм щэкIуэгъуэм Грузием ММА-мкIэ щекIуэкIыну дунейпсо чемпионатым кIуэныр ди щIалэм къилэжьащ.

Абы нэмыщI, килограмм 61-рэ зи хьэлъагъхэм я деж домбеякъ медаль къыщихьащ Сумаев Ислъам.

ЩIалэхэр зэхьэзэхуэм хуагъэхьэзыращ ПщыукI Залымрэ Чэлимэт Амиррэ.

ЖЫЛЭХЬЭЖ Артур.
Поделиться:

Читать также: