Я ныбжьэгъу цIыкIум и фэеплъу

Бекъалды Къамболэт и фэеплъу Налшык къалэм и «Гладиатор» спорт комплексым щекIуэкIащ щIыналъэхэм дзюдомкIэ я зэхьэзэхуэ. Хэгъэрейхэм нэмыщI, абы щызэпеуащ Краснодар, Ставрополь крайхэм, Осетие Ищхъэрэ – Аланием я спортсмену 280-рэ, 2014 - 2015 гъэхэм къалъхуахэу.

Я хьэлъагърэ ныбжьрэ елъытауэ зыхэта гупхэм щытекIуащ КIыщ Залым (кг 32-рэ), Къуэдз Ислъам (кг 34-рэ), Ксанаев Муслим (кг 38-рэ), КIэмпIарэ Тамир (кг 42-рэ), Амщокъуэ Iэсхьэд (кг 46-рэ), Лиходедов Михаил (кг 50), Жамбэч Андемыр (кг 55-рэ), Щоджэн Имран (кг 60), Гаев Руслан (кг 66-рэ), Кулиев Къантемыр (кг  66+) сымэ.

ЕтIуанэ хъуахэщ Дудар Нодар, Щоджэн Эмирхъан, Бжьахъуэ Искандер, Жаникаев Iиляс, ТIэхьир Руслан, Дидан Кимран, Къуэдзокъуэ Ислъам, Геграев Муслим, Валгасов Руслан, Абэнокъуэ Дамир сымэ.

Ержыб Русланрэ Къуэн Дамиррэ, Бузиков Владиславрэ Къэжэр Амиррэ, Мэлыхъуэ Умаррэ Нэхущ Iэдэмрэ, Лаврентьев Артемрэ Тут Айдаррэ, Джыназ Имранрэ ГущIапщэ Идаррэ, Мекула Наилрэ Москалец Игнатрэ, Гергоков Щамилрэ Мендэхъу Иналрэ, БищIо Алихъанрэ ТеуныкI Эмиррэ, Бэгъуэт Сэлимхъанрэ Геграев Артуррэ, ДыщэкI Ансаррэ Джэрыджэ Алимрэ ещанэ увыпIэхэр къахьахэщ.

Спортсменхэм ядэлажьэхэр Иванов Дмитрий, Апхудэ Анзор, Къуэшырокъуэ Астемыр, Джэданэ Залым, Таухэ Сэфарбийрэ Азэмэтрэ, Джолабов Къайсын, Дзухэ Беслъэнрэ Залымрэ, Куп Эдуард, Къамбий Мартин, Къущхьэ Жамболэт, Ким Руслан, ГъущIапщэ Самир, Цагараев Казбек, Волобуев Виталий, Соблыр Рустам, Сокъур Анзор, Сэралъп Олег, Шаваев Хьэнэфий, Бэгъуэт Мухьэмэд сымэщ. 

МЭРШЭН Батыр.
Поделиться:

Читать также: