17 сентября, 2026 - 06:05
ФокIадэм и 17, махуэку
1922 гъэм Урысейм щыяпэу радиокIэ концерт къатащ. Апхуэдэу лэжьэн щIидзауэ щытащ «Москва и радиом».
1877 гъэм къалъхуащ усакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ, КIыщокъуэхэ Рашидрэ Алимрэ я адэ КIыщокъуэ Пщымахуэ.
1888 гъэм къалъхуащ жылагъуэ лэжьакIуэ, Истамбыл къыщыдэкIыу щыта «Гъуазэ» газетым и япэ редактор Цагъуэ Нурий.
1940 гъэм къалъхуащ филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессор, ЩIДАА-м и академик БакIуу Хъанджэрий.
1979 гъэм къалъхуащ «Адыгэ псалъэ» газетым и къудамэм и редактор, Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ и журналист ЩхьэщэмыщI Изэ.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 18 - 21-рэ, жэщым градус 16 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Выри лъэщ дыдэщ - къаубыдри щIащIэ.
Зыгъэхьэзырар БАГЪЭТЫР Луизэ.