Янэ ятокIуэ

Урысей Ипщэмрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ шабзэкIэ нэщанэ еуэнымкIэ я чемпионатрэ пашэныгъэр къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэрэ Адыгейм и къалащхьэ Мейкъуапэ щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ щIыналъиблым я спортсмену, щIалэхэри хъыджэбзхэри зэхэту, 60-м щIигъу.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэ Кулюшинэ Янэ зэхьэзэхуэм екIуу зыкъыщигъэлъэгъуащ икIи медалитI абы къыщихьащ - чемпионатым ейуэ дыжьынрэ, пашэныгъэр къэхьынымкIэ зэпеуэм и домбеякърэ. Апхуэдэ щIыкIэкIи ди лъахэгъу пщащэм Iэмал игъуэтащ УФ-м и прокурор нэхъыщхьэм и Кубокыр къэхьыным хуэунэтIауэ мы гъэм фокIадэм и 13 - 18-хэм Къэзан къалэм щызэхэтыну урысейпсо зэхьэзэхуэм и зэфIэкIхэр щигъэлъэгъуэну
Янэ и тренерыр абы и анэ Кулюшинэ Натальещ.
МЭРШЭН Батыр.
Поделиться:

Читать также: