Мамырыгъэ, насып, зэIузэпэщыныгъэ фиIэну!

ПщIэ зыхуэтщI ди лъэпкъэгъу­хэ, ныбжьэгъу лъапIэхэ!
Дунейпсо Адыгэ Хасэм и Гъэ­зэщIакIуэ Гупым и цIэкIи си щхьэкIи си гуапэу сынывохъуэхъу Адыгэхэм (шэрджэсхэм) я дунейпсо махуэмкIэ!
Илъэс къэс мы махуэшхуэр фокIадэм и 20-м догъэлъапIэ. Ар махуэгъэпсым къызэрыхэувэрэ куэд щIакъым, ауэ абы лъабжьэ быдэ хуохъу ди лъэпкъым лIэщIы­гъуэкIэрэ къыдэгъуэгурыкIуэ и тхыдэр, щэнхабзэр, хабзэр, лIа­къуэ­кIэрэ зэIэпах псэкупсэ лъапIэныгъэхэр. 
Адыгэхэм я къекIуэкIыкIар къыгуэхыпIэ имыIэу епхащ лъэпкъ куэду зэхэт Урысейм и тхыдэм. Дэ зэгъусэу дыпхыкIащ лъэхъэнэ гугъухэм, нобэ зэщIыгъуу ди къэралым и къэкIуэнур доухуэ. Адыгэхэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуащIащ къэралымрэ дунейпсо щэнхабзэмрэ зегъэужьыным. Ди щIэныгъэлIхэр, тхакIуэхэр, сурэтыщIхэр, лIыхъужьхэр ди хэкум и мызакъуэу хамэ къэралхэми къыщацIыху.
Нобэ адыгэхэр дуней псом и дэнэ щIыпIи щопсэу, я бзэр, хабзэр, щэнхабзэр хуэсакъыу яхъумэу. Ди лъэпкъэгъухэм IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэ куэдым ехъулIэныгъэфIхэр щызыIэрагъэхьэри, абыи дрогушхуэ.
Урысейм и лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсым мы махуэшхуэм мыхьэнэ хэха егъуэт: абы уи нэгу къыщIегъэувэ щэнхабзэ зэмылIэужьыгъуэ куэдым я лъапIэныгъэмрэ лъэпкъ псоми я зэхуаку дэлъ пщIэмрэ.
Сигуми си псэми къыбгъэдэкIыу дэтхэнэ унагъуэми сохъуэхъу узыншагъэ быдэ, зэIузэпэщыныгъэ, мамырыгъэ, насып яIэну. Ди лIыхъужьхэр узыншэу къекIуэлIэжыну, текIуэныгъэкIэ зэпэщIэтыныгъэр иухыну!
Адыгэ лъэпкъыр ирефIакIуэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Урысей псом ис лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэр нэхъ быдэ ирехъу!

Сэхъурокъуэ Хьэутий, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ.
Поделиться:

Читать также:

28.11.2026 - 07:13 → НОБЭ
27.11.2026 - 12:22 → НОБЭ
26.11.2026 - 09:30 → НОБЭ
25.11.2026 - 13:40 → НОБЭ
24.11.2026 - 09:00 → НОБЭ