Нэхурэ кIыфIрэ щызэхуэдэм

 

     Жьыуэпсым, нэгъуэщIу жытIэмэ, дыкъэзыухъуреихь Iэгъуэблагъэм къыщекIуэкIхэм я зыхъуэжыкIэм кIэлъыплъ щIэныгъэлIхэми цIыху къызэрыгуэкIхэми я нэгу зэрыщIэкIыу, фокIадэм и 22-р (языныкъуэ гъэхэм и 23-р), бжьыхьэхуэблагъэу, Дыгъэм и нэхури жэщым и кIыфIми зэманкIэ зэхуэдиз дыдэ щыхъу махуэщ. 2026 гъэм ар зыхуэзэр фокIадэм и 23-м жэщым сыхьэтыр 3-рэ дакъикъи 6-рщ (Москва къалэшхуэм къызэрыщабжымкIэ).  

Илъэс ныкъуэ ипэкIэ дызэплъэкIыжынщи, 2026 гъэм, блэкIа илъэсхэми ещхьу, абы хуэдгъэдэн япэ зэблэхъугъуэр зыхуэзар гъатхэпэм и 21-рщ (языныкъуэ илъэсхэм и 22-ращ зытехуэр). Гъэм и япэ Iыхьэм къэунэху апхуэдэ зэтехуэгъуэм фIащар, дызэрыщыгъуазэщи, «гъэрэ щIырэ щызэхэкI махуэ» жыхуаIэрщ.  

АтIэми, бжьыхьэ зэблэкIыгъуэр, гъатхэм ейм елъытауэ, нэгъуэщI лъэныкъуэкIэ иришэкIыущ къызэрыкIуэр. Дгъэбелджылымэ, дызэригъэгуфIэ щIагъуэ щымыIэу, хуабэр тIэкIу-тIэкIуурэ зэщIигъэкIуэжурэ щIыIэр апхуэдэуи къыщигъэкIуатэ лъэхъэнэ кIыхьым и щIэдзэгъуэущ.

Зи гугъу тщIы зэблэкIыгъуитIым я дэтхэнэм дежи, еджагъэшхуэхэм я мызакъуэу, цIыху къызэрыгуэкIхэми гу зэрылъатауэ, дыкъэзыухъуреихь дунейм и щытыкIэм, щIыIэмрэ хуабэмрэ зыхуеIэ лъэныкъуэхэр зэтемыхуэми, зыхэпщIэу зихъуэжын щыщIедзэ. Нэхъри дгъэнаIуэмэ, гъатхэпэм и 2I-м къыщегъэжьауэ жьыуэпсым нэхъ хуабэ хъуурэ зыкъигъэлъагъуэми, фокIадэм и 22-м кIэлъыкIуэу, жэщхэм нэхъ заукъуэдий, махуэхэр нэхъ кIэщI хъу хабзэщ. Планетэм и экваторым ищхъэрэкIэ щыIэ и  щIылъэныкъуэм бжьыхьэр къыщихьауэ къэдбж щыхъунури а махуэм, фокIадэм и 22-м, (языныкъуэхэм деж фокIадэм и 23-м) иужькIэщ.

   ЩIэныгъэр зэреплъыр

Астрономие, физикэ, математикэ щIэныгъэхэр дызытепсэлъыхь зэблэкIыгъуитIми зэрыхущытым щыгъуазэ зыхуэтщIыну дыхуеймэ, дигу къидгъэхьэжыпхъэщ ди планетэр езым ейуэ зэджэрэзэкIыж и джэлэсыр ар дыдэм Дыгъэм и хъуреягъыр зэрыщикIу уэрдыхъум (орбитэм) зэрыхуэлъэныкъуабэри. Аращ, къызэрыщIэкIымкIэ, щхьэусыгъуэ хуэхъуари щIымахуи гъэмахуи ЩIы Хъурейм зэрыщыIэм. Сыту жытIэмэ, ди планетэм, илъэсым и кIыхьагъкIэ Дыгъэм здекIэрэхъуэкIым, къытепсэ бзийхэм я щIэтхъукIэ-зыгъэзэкIэм зэми зрагъэлъэхъшэх, мыдрейхэм дежи нэхъ зыщаIэт.

 Дызэрыт  мазэм зи гугъу тщIы и зэблэхъугъуэм иужькIэ, ди планетэм и щхьэфэм (псыи щIыи) щыщу экваторым ищхъэрэкIэ щыIэ и щIылъэныкъуэм щыпсэухэм зи гугъу тщIы махуэм къыщыщIэдзауэ, гъэм и щIыIэгъуэм нэхъ зыхуагъэпсу ирагъажьэ: къэзыухъуреихь Iэхэлъахэм къыщекIуэкIхэм гулъытэ хэха щыхуащI, пщIантIэхэмрэ уэрамхэмрэ зэлъыIуах, жыг цIыкIухэр щIымахуэ пежьэу ягъэIэпхъуэ, щIыгулъыр къагъэбатэ, удзыжьхэм щахъумэ, бжьыхьэсэ Iуэхухэр зэтраухуэ, Iэгъуэблагъэм и теплъэр зэрагъэдахэ лэжьыгъэхэр щIыпIэ зэхуэмыдэхэм щокIуэкI.

Бжьыхьэ хуэкIуэ пэхуэщIэхэр къезыгъажьэхэм пщэрылъ нэхъыщхьэу зыхуагъэувыжыр къэзыухъуреихь Iэхэлъахэр гъэм и щIыIэгъуэм хуэгъэпсыныр я зэхуэдэ Iуэхуу зэрыщытыр ящыщ дэтхэнэми, псом япэрауэ къащIэхъуэ щIэблэм, захегъэщIэнырщ, абы теухуауи щапхъэфIхэр егъэлъагъунырщ.   

         Тщыщ гуэрхэм къыдолъытэ щIыуэпсым и теплъэр зы цIыху къарукIэ зэгъэкIуаи нэхъ дахи тхуэмыщIыну. Ауэ ар пэжкъым – дыкъэзыухъуреихь дунейм щысхьыным хуэгъэза Iуэхухэр щхьэж езым и деж къыщригъэжьапхъэщ. Абы шэч къытедмыхьэххэми хъунущ.

    Махуэр къызэрытхущIэкIым теухуащ

- Пщэдджыжь нэхутхьэхум дыгъэр, и бзий дыхьэрэнхэмкIэ къыдэгуэпылIэу, къыкъуэкIамэ, ар нэщэнэфIщ дызыхыхьа бжьыхьэр дызэримыгугъауэ хуабэу зэрыщытынумкIи щIымахуэр нэхъ гувауэ къызэрытхуэкIуэнумкIи.

- Лъапсэ зезыхьэхэм я пщIантIэм е я хадэм мафIэ щызэщIащIэ икIи къызэщIэплъэху поплъэри, жьыфэ къызытеуа е къамыгъэсэбэпыж щыгъынхэмрэ хьэпшыпхэмрэ храгъасхьэ. Пасэм псэуахэм къызэралъытэу щытамкIи, а щIыкIэм тету жьыр ирагъэжьэжри, щIэм гъуэгу ират.

МафIэ бзийм еплъурэ, къыпыщэщыжу щIэзыдза е щхъуэкIэплъыкIагъэ зыгъуэта пщIащэхэр абы хаутIыпщхьэурэ, къэкIуэну дахэ зэрагъуэтыным я акъылыр траухуэрт. Тхьэмпэхэр мафIэм псынщIэу ипхъуэтамэ, а «лэжьыгъэр» зыгъэзэщIам зыгъэпIейтей Iуэхугъуэхэр псынщIэу щхьэщыкIыну къалъытэрт.  

- Махуэр здекIуэкIым, цIыхухэр жьы къабзэм нэхъыбэрэ зэрыхэтыным хущIэкъурт, гупсэхугъуэм зэрыхуэпабгъэр къагъэлъагъуэу. А махуэ дыдэм къытрагъэзэжурэ затхьэщIырт, загъэпскIырт, псым и сэбэп нэхъ къекIыу, и къарур нэхъ къахыхьэу ябжырти.

- Дэтхэнэри илъэсым нэхъ къехъулIауэ къилъытэхэм егупсысырт.  

- Унагъуэм щыщхэм а махуэм хьэщIэ къахуэкIуамэ, ар нэхъ лъапIэжу къабжырти, нэхъыфIыжу елIалIэрт, къызэрымыкIуэуи щыгуфIыкIырт.

- Я жагъуэ къэзыщIауэ е лей къатезыгъэхьауэ къалъытэхэм хуагъэгъурт, ар ялъэмыкIынумэ зэрызыщхьэдагъэIухыным пылът.

- Я Iэпкълъэпкъым и щытыкIэм нэхъ кIэлъыплъырт, я узыншагъэм нэхъ хуэсакъын зэрыхуейри ягу къагъэкIыжырт. КъызыхэкIыр сыт жытIэмэ, дыгъэм и бзийхэр нэхъ кIащхъэ зэрыхъумрэ хуабэм зэрыкIэрыхумрэ цIыхум и гуащIэр, и къарур, гъэмахуэм зэрыщытам хуэмыдэу, къазэремыблыжынур ящIэрти.

- Жэщымрэ махуэмрэ ирагъэхь зэманыр щызэтехуэ далэм хуэзэу цIыхур псэ къабзэ - гу къабзэкIэ нэхъ зыхуэпабгъэм, зыхущIэкъум нэхъыбэрэ егупсысырт, иужькIэ ар нэхъ къазэрехъулIэнур я фIэщ ящIырти…

Мыдрейуи къыхэдгъэщынщи, фокIадэм и 23-р адыгэхэм ди Тхьэшхуэгухьэж махуэщ…

  КЪУМАХУЭ Аслъэн 

 

Поделиться:

Читать также:

28.11.2026 - 07:13 → НОБЭ
27.11.2026 - 12:22 → НОБЭ
26.11.2026 - 09:30 → НОБЭ
25.11.2026 - 13:40 → НОБЭ
24.11.2026 - 09:00 → НОБЭ