Мамырыгъэм и тхьэгъуш

ФокIадэм и 2I-м ягъэлъапIэ Мамырыгъэм и дунейпсо махуэр. Ар I98I гъэм ООН-м и Генеральнэ Ассамблеем хигъэунэхукIащ. 
Мамырыгъэм и дунейпсо махуэр къезыхьэжьахэм ди планетэм цIыхуу тетыр, ахэр зэрыс къэралхэр къыхураджэ щIыпIэ зэхуэмыдэхэм къыщыхъея зауэ зэпэщIэувэныгъэхэм хэтхэм, нэгъуэщI мыхъуми, а далэр зыхиубыдэ сыхьэт 24-м къриубыдэу Iэщэ зыIыгъхэм ар къамыгъэсэбэпыну. 
Мы махуэр илъэс зыбжанэ хъуауэ дуней псом тет цIыхухэм зэдагъэлъапIэ. АрщхьэкIэ къыхэгъэщыпхъэщ мы къыхуеджэныгъэр унафэу зэрыщымытри юридическэ и лъэныкъуэкIэ зэрыщIэмыгъэбыдари. Махуэр зэрагъэлъапIэр псапащIэ щIыкIэм тетущ, къызэрырахьэжьэри дипломат Iуэхухэм япкъ итущ.    
Зы махуэ зауэ-банэ щымыIэу, дуней псом ис цIыхухэр зэгурыIуэрэ зэдэIуэжу, зэрыгъэгушхуэрэ зэтемыгушхуэу, я гукъэкIыфIхэмкIэ зэхуэгуапэу, зым Iэпыхур адрейм къищтэжу, фIыр я плъапIэу, Iейр я щIыбу, я къэухьым зрагъэужьрэ я зэфIэкIхэмкIи зэдэхъуажэу, ЩIылъэ Анэм и Iэгум исхэм а щытыкIэм тету зэхуэIэфIу щытыгъамэ - гъащIэм и жэнэт плъапIэт ар. ФIым хуэушэу, хьэрэмыгъэ ягу къэмыкIыу, зэхуэгуапэу псэунут псори. 
И гъэлъэпIэкIэм теухуауэ
ООН-м и штаб-фэтэру США-м и Нью-Йорк къалэм дэтым илъэс зыбжанэ ипэкIэ щагъэувауэ щыта Мамырыгъэм и тхьэгъушым деж а махуэм зэIущIэшхуэ щокIуэкI. А зэхыхьэр зэрыщIидзэр ООН-м и Генеральнэ секретарым щIызэхуэса Iуэхум ехьэлIа и къыхуеджэныгъэмкIэщ. ИужькIэ, ар зыбгъэдэт тхьэгъушым йоуэри, щызэрихьэлIахэр зауэ зэпэщIэувэныгъэхэм хэкIуэдахэм зы дакъикъэкIэ хуощыгъуэ. КIэлъыкIуэу, ООН-м ШынагъуэншагъэмкIэ и советым и тхьэмадэм абдежым щызэIущIахэм захуегъазэ. Ар топсэлъыхь дуней псом мамырыгъэр щытепщэу щытыным и мыхьэнэр зэрыиным.   
Мамырыгъэм и дунейпсо махуэм ехьэлIа зэIущIэхэр еджапIэ нэхъыщхьэхэми курыт школхэми щрагъэкIуэкI. Тхыдэм и гъуэгуанэ нэхъ хьэлъэхэм щриплъэжкIэ, цIыхухэм ягу къагъэкIыж зэщыIеиныгъэм лажьэу къишэр, гуауэрэ нэщIэбжьэу къихьыр зыхуэдизыр. ИкIи ирегъэгупсыс фIым ухуэпабгъэу, дэIэпыкъуэгъу хуэныкъуэм зыщIэбгъакъуэу, зэгурыIуэныгъэм ухущIэкъуу упсэуным нэхъ насып зэрыщымыIэм. 
Къэрал куэдым, хабзэ зэрахуэхъуауэ, мамырыгъэм и махуэр гъэлъэпIэным теухуауэ зэхыхьэ щхьэпэхэр щызэхашэ. Псалъэм папщIэ, Беларусым илъэс къэс а махуэм къыщызэрагъэпэщ «Мамырыгъэм и зэщIэжьыуэ» зыфIаща зэхуэсхэр. А зэIущIэхэм щызэрихьэлIэхэм уэгум ираутIыпщхьэ тхьэрыкъуэ хужь цIыкIухэр, хуитыныгъэмрэ мамырыгъэмрэ я нэщэнэу.    
Мамырыгъэм и дунейпсо махуэм нагъыщэу къыхуагупсысар ахъуэ пхъэщхьэмыщхьэм (олива) и къудамэр зыхь тхьэрыкъуэщ. Ар I949 гъэм Мамырыгъэм и телъхьэхэм я дунейпсо конгрессым хуэзыгъэхьэзырауэ щытар сурэтыщI Iэзэу дунейм тета Пикассо Паблощ.  
2026 гъэм Мамырыгъэм и дунейпсо махуэм и къыхуеджэныгъэщ - «Мамырыгъэм телэжьэныр - дапщэщи, хэт и дежкIи, дэнэкIи фIы къэзышэщ».      
КЪАКЪУЛ Раисэ.
Поделиться:

Читать также:

28.11.2026 - 07:13 → НОБЭ
27.11.2026 - 12:22 → НОБЭ
26.11.2026 - 09:30 → НОБЭ
25.11.2026 - 13:40 → НОБЭ
24.11.2026 - 09:00 → НОБЭ