21 сентября, 2026 - 14:09
ФокIадэм и 21,
блыщхьэ
Мамырыгъэм и дунейпсо махуэщ
Альцгеймер узыфэр зищIысым цIыхухэр щыгъуазэ щIыным и дунейпсо махуэщ
1933 гъэм къалъхуащ географие щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессор, ЩIДАА-м и академик Борей РэIуф.
1945 гъэм къалъхуащ къэфакIуэ, КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Мысачэ Валентинэ.
1955 гъэм къалъхуащ химие щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессор Бей Iэуес.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уэфIу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 16 - 22-рэ, жэщым градус 15 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
И гур пхъэр щхьэкIэ, и лъэр пхъэм дэнащ.
Зыгъэхьэзырар БАГЪЭТЫР Луизэщ.