25 сентября, 2026 - 09:55
ФокIадэм и 25,
мэрем
Фармацевтым и дунейпсо махуэщ
Дэгухэм я дунейпсо махуэщ
1934 гъэм Налшык къыщызэIуахащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и колхоз-совхоз IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэм я япэ спартакиадэр.
1941 гъэм ВКП (б)-м и обкомым унафэ ищIащ уIэгъэ хъуа зауэлIхэр зыхуей хуэгъэзэнымкIэ комитет къызэрагъэпэщыну.
1915 гъэм къалъхуащ АР-м и цIыхубэ тхакIуэ, драматург, зэдзэкIакIуэ Еутых Аскэр.
1932 гъэм къалъхуащ пшынауэ Iэзэу щыта, Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Урысей Федерацэмрэ щIыхь зиIэ я артист ПщыхьэщIэ Мухьэжыр.
1933 гъэм къалъхуащ адыгэ тхакIуэ Щэмырзэ Iэмырбий.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru сайтым зэритымкIэ, республикэм пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 14 – 17, жэщым градус 13 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Шыд и псыефапIэ егъэутхъуэж.
Зыгъэхьэзырар БАГЪЭТЫР Луизэщ.