Туризмэм и махуэ

ФокIадэм и 27-р Туризмэм и дунейпсо махуэу 1980 гъэм къыщегъэжьауэ къэрал куэдым щагъэлъапIэ. А Iуэхум 1979 гъэм унафэ тезыщIыхьауэ щытар ООН-м деж щыIэ Дунейпсо турист зэгухьэныгъэрат, нэхъри дгъэнаIуэмэ, Испанием и Торремолинос къалэм щригъэкIуэкIа и зэIущIэм хэтахэрат.  

БлэкIам щыщу

Ущыпсэум уикIыу нэгъуэщI хэгъэгухэм укIуэныр, уи нэгу зыщебгъэужьыныр, я цIыхухэм уаIущIэныр, къадекIуэкI щэнхабзэм, я блэкIам щыгъуазэ захуэпщIыныр уи зэхэщIыкIым нэхъри хэзыгъахъуэ, абы къыдэкIуэуи зозыгъэгъэпсэху хэкIыпIэ нэхъыфIхэм ящыщ зыщ. Мы унэтIыныгъэр куэдым мылъку хэхыпIэ зэрахуэхъуари нэрылъагъущ. Уеблэмэ мы Iуэхум ирипсэу щIыналъэхэри мащIэкъым.  

АтIэми, щхьэукъуэрилэ ухъуарэ узыхуейри къыбгурымыIуэжу дунейм укъытенамэ, уи пкъым и Iэзэгъуэри уи псэм и хущхъуэгъуэри щIэщыгъуагъэкIэ узэщIа, узыщымыгъуазэу щытам улъэзыгъэIэс «лъагъуэ» телъыджэхэрщ, укъыщыхутам узыщыIущIэхэм гу зэIухакIэ уазэрыпэджэжырщ.

Мы махуэм дигу кърегъэхьэж дызытес ЩIы Хъурейм и щIыуэпсым и зэкIэлъыкIуагъэм щысхьын, пщIэ хуэщIын зэрыхуейр. КъинэмыщIауэ, туризмэр щIыналъэ бжыгъэншэм я щэнхабзэр зэпызыщIэщ. Къыхэдгъэщынщи, нэгъуэщI хэгъэгухэм, жыжьэ дыдэ щыIэхэри яхэту, кIуэныр, щыпсэухэм щаIущIэныр, я щыIэкIэ-псэукIэр зыхуэдэр щызэгъэщIэныр жыжьэ дыдэ лъандэрэ кърахьэжьа Iуэхущ. Псалъэм и хьэтыркIэ, ди эрэр къихьэным илъэс 400 иIэжу дунейм тета пасэрей алыджхэмрэ урымхэмрэ Мысырым (Египет) кIуэрейт, зыщаплъыхьын, а хэгъэгум и блэкIам, и щэнхабзэм гъунэгъу зыхуащIын, и щIыгум ит ухуэныгъэ телъыджэхэр зрагъэлъагъун, и щIыуэпсыр зыхуэдэм щыгъуазэ зыхуащIын хьисэпкIэ. Апхуэдэу, «тхыдэм и адэ» зыфIащыжа алыдж еджагъэшхуэ Геродот щIыналъэ зыбжанэм щыIат, щилъэгъуахэм ятеухуа и гукъэкIыжхэри тхылъибгъум щызэхуихьэсат.

БлэкIам къызэрыхэщыжщи, зыплъыхьакIуэ-гъуэгурыкIуэ куэдым адыгэ-абазэ-убых Хэкужьри зэлъагъэIэсат. Зэрыгъэбелджылыпхъэщи, лъэхъэнэ зэхуэмыдэхэм къриубыдэу, ди щIыгум къихьа абыхэм къызэранэкIа я гъуэгуанэ тхыгъэхэр ди нобэми лъабжьэщ адыгэм ди тхыдэр, псэукIар зыхуэдэр зэдгъэщIэнымкIи.

Нэхъри гъунэгъу дызэхуещI

Туризмэм и махуэм щIыналъэ зэмылIэужьыгъуэхэм исхэр нэхъ зэлъегъэIэс, дыкъэзыухъуреихь дунейм щысхьын, и хъугъуэфIыгъуэхэм гулъытэ хэха хуэщIын зэрыхуейм дрегъэгупсыс, къэрал зэхуаку экономикэм зиужьынымкIэ Iэмалхэми щытопсэлъыхь. ЩыIэщ зи лэжьыгъэр туризмэм тезыухуа, гъащIэм и зы Iыхьэ абы хухэзыха цIыхухэри.

АтIэми, алъандэрэ ущымыгъуазэу икIи къыплъэмыIэсу къекIуэкIа щыIэкIэ-псэукIэхэм, абы ипэкIэ зэи умылъэгъуа щIыналъэхэм зекIуэ гъуэгуанэм уащыхуишэкIэ, укъыщыщIидзам «уарэ, аргуэру сыкъыщыпсэужаи!» гупсысэр уи щхьэм къригъэхьэу, уи псэр тыншыгъуэ гуэрхэм щыхешэж. КъинэмыщIауэ, пIейтеиныгъэ гъэщIэгъуэнхэр зыхэзыщIэ уи гум и къеуэкIэми арэзы укъищIрэ къэхъугъэм и дахагъэри нэхъ зыхэпщIэу, уи псэм и сыт хуэдэ къуэгъэнапIэми къаруущIэхэр къызэрыхыхьэжар зыхэпщIэу, нэхугъэм нэхъри зыхубоший.

Гукъыдэж къозыт зэхъуэкIыныгъэ гъэщIэгъуэнхэм къежьапIэ яхуэхъуари гум псэхугъуэ къезытыжари узытехьа «лъагъуэм» узыщрихьэлIа теплъэгъуэхэм уи гупсысэм зэрызрагъэубгъуарщ, узыщымыгъуазэу щытам «сыкъигъэлэнджэнущ» хужумыIэу, «къоджам» узэрыпэджэжарщ.

Урысей Федерацэри ящыщщ Туризмэм и махуэм гулъытэ хэха щыхуащIхэм. 1983 гъэм къыщыщIэдзауэ ди къэралым и къалэ куэдым абы ехьэлIа гуфIэгъуэ зэхыхьэхэр илъэс къэс щрагъэкIуэкI, туристхэр щызэрохьэлIэ, зыгъэпсэхупIэхэм Iутхэр щызэIуощIэ.

УФ-м ТуризмэмкIэ и къэрал комитетым мы махуэм ирихьэлIэу гъэ къэс ирегъэкIуэкI «Москва зэгурыIуэныгъэр - Урысейм и щIыналъэхэм» зыфIаща турист зэхуэсым щагъэбелджыла проектыр пхыгъэкIыным теухуа лэжьыгъэшхуэхэр. АтIэми, Къэбэрдей-Балъкъэрри яхэтщ абы и ЗэзыгъэуIу Советым хыхьэ щIыналъэ 13-м.

Ди хэгъэгум и щIыпIэ нэхъ зыкъизыххэм, зыгъэпсэхупIэщIэу къыщыунэхухэм ятеухуа фильмхэри щIэх-щIэхыурэ а комитетым егъэхьэзыр. Абы кърикIуэу, къэралышхуэм и адрей щIыналъэхэм щыпсэухэми щыгъуазэ зыхуащIыфынущ узыншагъэр щегъэфIэкIуэнымкIэ, уи нэгу зыщебгъэужьынымкIэ ди республикэм щыщыIэ Iэмалхэр зыхуэдэми ди щIыуэпсым и нэхъ телъыджапIэ-зыгъэпсэхупIэхэми.

Ауэ щыхъукIи, шэч зыхэмылъыжыр аращи, дыщыпсэу республикэр и зэхэлъыкIэкIи и гъэпсыкIэкIи удэзыхьэхщ, щIэщыгъуэщ. ЗэрытщIэщи, ди хэгъэгум зыщиIэтащ Европэм и бгы нэхъ лъагэ дыдэ Iуащхьэмахуэ. Абы и лъэныкъуитIымкIи щыIэ Iэхэлъахэм щаухуащ иджырей мардэхэм къитIасэ зыгъэпсэхупIэщIэхэр.

Нартсанэ (Кисловодск) къикIыу Iуащхьэмахуэ лъапэ и дыгъэмыхъуэ лъэныкъуэмкIэ щыIэ Псы хущхъуэхэм, мы зэманым «Джылысу» цIэр зытеIукIам, уезышалIэ гъуэгур къызэрызэIуахрэ ди лъахэм зыгъэпсэхуакIуэу къихьэхэм я бжыгъэм хэпщIыкIыу хигъэхъуащ. Туризмэм зэрызыщиужьыр Къэбэрдей-Балъкъэрым и экономикэм дежкIи щIэгъэкъуэныфIщ.

2026 гъэм мы махуэм и къыхуеджэныгъэщ «Бжыгъэхэмрэ IэрыщI гупсысэкIэмрэ тегъэпса техникэр-туризмэм нэгъуэщIу убгъэдэзыгъэхьэщ» жыхуиIэр.

КЪУМАХУЭ Аслъэн.
Поделиться:

Читать также:

28.11.2026 - 07:13 → НОБЭ
27.11.2026 - 12:22 → НОБЭ
26.11.2026 - 09:30 → НОБЭ
25.11.2026 - 13:40 → НОБЭ
24.11.2026 - 09:00 → НОБЭ