Антикоррупционная линия Главы КБР:
40-89-70, 40-34-32
Жэпуэгъуэм и 15, махуэку Зи нэхэм ямылъагъухэм я дунейпсо махуэщ Iэхэр тхьэщIыным и дунейпсо махуэщ 1930 гъэм къалъхуащ тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ ТекIуий Анатолэ. 1935 гъэм къалъхуащ УФ-м щIыхь зиIэ и артист, Абхъазым и цIыхубэ артист, КъБР-м, Абхъаз Республикэм я Къэрал саугъэтхэм я лауреат Мысостышхуэ Пщызэбий. 1940 гъэм къалъхуащ КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ, УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ IутIыж Борис. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уфауэ щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 19 - 20, жэщым градус 13 - 14 щыхъунущ. Лъэпкъ Iущыгъэ: Къуртым щIэлъ джэдыкIэми шкIумпI къыхокI.