НОБЭ

Жэпуэгъуэм и 16, мэрем

Ерыскъым и дунейпсо махуэщ

ЩIакхъуэм и дунейпсо махуэщ

Анестезиологым и дунейпсо махуэщ

1991 гъэм Налшык щызэхэтащ КъБР-м ис лъэпкъхэм я нэхъыжьхэм я зэхуэс.

1868 гъэм къалъхуащ Каир щыщ адыгэ тхакIуэ цIэрыIуэ, «хьэрып усакIуэхэм я пащтыхьу» къалъытэ Щэукъий Ахьмэд.

1917 гъэм къалъхуащ тхакIуэ, зэдзэкIакIуэ, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессору щыта Къардэн Бубэ.

1955 гъэм къалъхуащ филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, ЩIДАА-м и академик, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, литературэдж ТIымыжь Хьэмыщэ.

1961 гъэм къалъхуащ техникэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессор, ЩIДАА-м и академик, КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат ШэджыхьэщIэ Юрэ.

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 22 – 23-рэ, жэщым градус  13 - 14 щыхъунущ.

 

Лъэпкъ Iущыгъэ:

Лажьэр къэкIуэгъуафIэ щхьэкIэ, кIуэжыгъуейщ.

 

Зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.

 

 

Поделиться:

Читать также:

28.11.2026 - 07:13 → НОБЭ
27.11.2026 - 12:22 → НОБЭ
26.11.2026 - 09:30 → НОБЭ
25.11.2026 - 13:40 → НОБЭ
24.11.2026 - 09:00 → НОБЭ