Урысей Федерацэм и Президентым и УнафэкIэ, Мэкъумэш IэнатIэмрэ ерыскъыпхъэм елэжь промышленностымрэ я лэжьакIуэхэм я махуэр ди къэралым 1999 гъэм къыщегъэжьауэ, зы илъэс къэмынэу, жэпуэгъуэ мазэм и етIуанэ тхьэмахуэ махуэм щагъэлъапIэ.
Мы Iуэхум зэришалIэхэр нэхъыбэу зытепсэлъыхьыр къуажэдэсхэр IэнатIэкIэ къызэгъэпэща зэрыхъунырщ, абыхэм я щыIэкIэ-псэукIэр нэхъри нэхъыфI щIынымкIэ бгъэдыхьэкIэщIэу къыкъуэкIхэрщ.
Ди къэралым ипщэкIэ щыIэ и щIыналъэхэм жэпуэгъуэ мазэм икухэм ирихьэлIэу губгъуэ лэжьыгъэхэр и кIэм щынагъэблагъэ хабзэщ. АтIэми, ди республикэм дунейм и щытыкIэр абы ипэ ита зэманым зэрыхуэмыкIуэщам къыхэкIыу, гъавэм зэрыщыту и къехьэлIэжынри гъэм кърикIуэну бжыгъэхэм щахэплъэжынури пIалъэ гуэркIэ ягъэIэпхъуэн хуей хъуащ.
Дапхуэдэу щытми, Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъавэгъэкIхэм, Iэщыхъуэхэм, зэрыщыту къатщтэмэ, мэкъумэш-промышленнэ IэнатIэм Iутхэм яхузэфIэкIам пэщIэдзэ щIыкIэу дриплъэжмэ, гугъэфI дэзыгъэщI лэжьыгъэ зэрырагъэкIуэкIам щыхьэт утехъуэфынущ. Къэдгъэлъагъуэмэ, дэнэкIи къэкIыгъэ пасэмрэ хьэцэпэцэмрэ кIэрыхуншэу щызэщIакъуэжащ, кърахьэлIэжар хъумапIэхэм щIагъэзэгъащ, дунейр уэфI зэрыхъужам кърикIуэуи, КъБР-м и губгъуэхэм етIуанэ хэгъуэм щыпащащ.
Бэвагъыр нэщэнэщ
Зи гугъу тщIы махуэр зэдаIэт хадэгъэкIым, Iэщ зехуэным, мэкъумэш IэнатIэм Iутхэмрэ гъавэр зыхуей хуэгъэзэным телажьэ IэщIагъэлIхэмрэ (фермерхэм, инженерхэм, агрономхэм, IуэхущIапIэ зэмылIэужьыгъуэхэм я унафэщIхэм, машинэзехуэхэм). Махуэр ягъэлъапIэ унэтIыныгъэм хуезыгъаджэхэми абыхэм я гъэсэнхэми.
Мэкъумэш IэнатIэм зегъэужьыным, ерыскъыпхъэхэм я щэн-къэщэхуныр зэкIэлъыгъэкIуэным хуэгъэпса къэрал программэу 2013 - 2026 гъэхэм хуагъэпсар гъэзэщIэным ди республикэм щIым телэжьыхьу, Iэщ гъэхъуным пэрыту исхэри зэрыхущIэкъум шэч хэлъкъым. Апхуэдэуи, ди щIыналъэм унэтIыныгъэм хуэгъэза иджырей технологиещIэхэр къэгъэIурыщIэным, IэнатIэхэр щегъэфIэкIуэным, къыщрахьэлIэжыр зэгъэзэхуэным, я къабзагъэкIи зэмылIэужьыгъуагъэкIи адрейхэм къакIэрымыху ерыскъыпхъэхэр къыщыхэщIыкIыным, я бгъэдыхьэкIэхэмкIи щэхуакIуэхэр къызэрыдахьэхыным Iуэхум иужь итхэр зэрыщегугъури нэрылъагъущ.
АтIэми, Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэш IэнатIэм ирахьэлIэ мылъкур псом япэу зыхуаутIыпщыр пхъэщхьэмыщхьэ, хадэхэкI хъумапIэхэм, гъэшыфIэ жэмхэм я бжыгъэм хэгъэхъуэнырщ.
Ди щIыналъэми зыщеубгъу
КъБР-м хадэхэкIрэ пхъэщхьэмыщхьэу къыщрахьэлIэжымкIэ и зэфIэкIыр дызыгъэгушхуэщ. АбыкIэ щыхьэтщ илъэс IэджэкIэ къызыпыкIэну жыгхэр зэрыт хадэхэм ди щIыналъэм и щIыгум щыщу гектар мин 32-м зэрызыщаубгъури, зыкъыщызыIэтым и зэхуэдитIыр псынщIэу зызыужь лъэпкъыгъуэу зэрыщытри. Губгъуэ хьэсэхэм илэжьыхьхэми дызэрыт илъэсми ягъэнэIуащ зыпэрыт IэнатIэм и пщIэр нэгъэсауэ къазэрыгурыIуэри я гуащIэдэкIым къахуихьыну зытраухуамкIэ жэуаптакIуэ нэсу зэрыщытри. АбыкIэ нэщэнэщ хьэцэпэцэр кIэрыхуншэу зэрыIуахыжыным зэрелIалIэри.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэмрэ и Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэм къызэригъэлъагъуэмкIэ, хэгъэгум и мэкъумэш IэнатIэм дяпэкIи зиужьыным хуэгъэзауэ къаутIыпщ ахъшэр зытрагуашэхэм ящыщщ псы щIэгъэлъадэ IэнатIэр, хадэхэкIыр, хьэцэпэцэхэр нэхъыбэу къыщехьэлIэжыным, мэкъумэшыщIэхэм зэрадэIыпыкъу Iэмалхэм зэрыщызрагъэужьыным, къуажэ гъащIэр нэхъ зэгъ щыщIыным хуэунэтIа Iуэхугъуэхэри.
КъызэщIэткъуэжмэ, ди хэгъэгум гулъытэшхуэ щыхуащI пхъэщхьэмыщхьэрэ хадэхэкIыу къыщрахьэлIэжым, гъэшрэ лыуэ къыщалэжьым нэхъри щыхэгъэхъуэным, лIэужьыгъуэщIэхэр къэгъэунэхуным, ахэр я тегъэщIапIэу щэхуакIуэхэр къыдэхьэхыным.
КЪУМАХУЭ Аслъэн.