НОБЭ

Жэпуэгъуэм и 19,  блыщхьэ
Урысейм щагъэлъапIэ адэм и махуэр
Урысейм щагъэлъапIэ гъуэгу хозяйствэм и лэжьакIуэхэм я махуэр
1985 гъэм
Мэлбахъуэ Тимборэ КПСС-м и Къэбэрдей-Балъкъэр обкомым и япэ секретарь къулыкъум текIащ. Абы республикэм и унафэр ищIащ илъэс 29-кIэ.
1955 гъэм къалъхуащ техникэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессор ЛIыбекъуэ Алексей.
1958 гъэм къалъхуащ мэкъумэш щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъМУ-м и профессор Шыгунэ Владимир.
                                                          Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уфауэ щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 14 – 17, жэщым градус 12 - 13 щыхъунущ.

                                                               Лъэпкъ Iущыгъэ:
                            Мэл гуартэм и кIуэдыжыгъуэм бжэн къуийр пашэ яхуохъу.

Зыгъэхьэзырар ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

28.11.2026 - 07:13 → НОБЭ
27.11.2026 - 12:22 → НОБЭ
26.11.2026 - 09:30 → НОБЭ
25.11.2026 - 13:40 → НОБЭ
24.11.2026 - 09:00 → НОБЭ