Антикоррупционная линия Главы КБР:
40-89-70, 40-34-32
1911 гъэм къалъхуащ къэрал лэжьакIуэ, политик, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь, СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и зэхуэсыгъуитхум я депутату щыта Тэрчокъуэ Къамболэт. 1934 гъэм къалъхуащ химие щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессору щыта, ЩIДАА-м и академик, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шурдым Гъэзалий. 1936 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и юрист Жыгун Хьэту. 1938 гъэм къалъхуащ биологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессору щыта Къущхьэ Хъусен. 1962 гъэм къалъхуащ Урысейм и консульствэ нэхъыщхьэу Къэзахъстаным щыIэм и вице-консул Атмурзаев Хьэжымурат. 1948 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и ухуакIуэ Хьэжы Руслан. 1984 гъэм къалъхуащ «Адыгэ псалъэ» газетым и корреспондент ТекIужь Заретэ.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 17 - 19, жэщым градус 12 - 13 щыхъунущ.