Ди планетэм и сыт хуэдэ щIыналъи гулъытэ щхьэхуэ щызыгъуэт ерыскъыпхъэм махуэ хэха иIэн зэрыхуейм ехьэлIа япэ жэрдэмыр къыщыхалъхьауэ къалъытэр ЩIакхъуэгъажьэхэмрэ IэфIыкIэ зыгъэхьэзырхэмрэ я къэрал зэхуаку зэгухьэныгъэм 2006 гъэм зэхишауэ щыта и зэхуэсырщ.
ЩIакхъуэм и дунейпсо махуэр, жэпуэгъуэм и 16-м щаIэт ЩIы Хъурейм тет хэгъэгухэм я нэхъыбэм. А махуэм ар щIрагъэхьэлIар 1945 гъэм а пIалъэ дыдэм хуэзэу ООН-м деж ЕрыскъыхэкIхэмрэ мэкъумэш IэнатIэхэмкIэ гуп щхьэхуэ зэрыщызэрагъэуIуар арат.
БлэкIа жыжьэм и Iэужьхэм лъыхъуэ археологхэм зэрагъэнэIуауэ, ди планетэм хьэлыгъухэкIхэр гъэхьэзырын зэрыщыщIадзэрэ илъэс мин 15 нэблагъэ дэкIащ. А IуэхумкIэ щыхьэтщ блэкIа жыжьэм и «лъэужьу» Курыт Азием къыщагъуэтыжахэри. Тхыдэджхэм зэрытрагъэчыныхьу, пасэ зэманым а щIыпIэм исахэм гуэдзыр зы пIалъэ гуэркIэ ягъэщIытэрти, яхузэхэпщэ хукхъуэр мафIэкIэ зэщIэгъэплъа мывэ пщтыр пIащIэхэм траупIащIэрт…
Дызэрыт лъэхъэнэм, ищхьэкIи къызэрыщыхэдгъэщащи, мы шхыныгъуэр дэнэ лъэныкъуэкIи, унагъуэ щхьэхуэхэм я деж къыщегъэжьауэ шхапIэ нэхъ лъэрызехьэхэм я деж щыщIэкIыжу, зрагъэщхьын яхуэмыгъуэту щаупщэфI, шхыныгъуэ зэмылIэужьыгъуэуи щызэрахьэ, зы махуэм къитIасэу щэи-плIэи зыIуагъахуэ, адрей ерыскъыхэкIхэми дашх. АтIэми, дызэрыщыгъуазэщи, ар ди Iэнэхэм къытетлъхьэн ипэ, гъуэгуанэ кIыхь зэпызыч шхыныгъуэщ, и пщIэр щIаIэтми ари и зы щхьэусыгъуэщ.
ЩIакхъуэм и дунейпсо махуэми абы иужькIи хэгъэгухэм абы ехьэлIа зэхуэсхэр щызэхашэ, жармыкIэхэм, утыку зэIухахэм шхыныгъуэ телъыджэм и пщэфIыкIэ зэмыщхьхэр щагъэлъагъуэ, щIакхъуэгъажьэхэм къыздахьхэр щащэ...