Жэпуэгъуэм и 21, бэрэжьей
1994 гъэм Къэрал Думэм УФ-м и Граждан кодексыр къищтащ.
1881 гъэм къалъхуащ адыгэ пшынауэ Iэзэу щыта, къызыхэкIа лъэпкъым и макъамэ щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэр гъэбэгъуэным хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа Хьэгъэудж Мухьэмэд.
1937 гъэм къалъхуащ экономикэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор ЛъэнкIэпIашэ Мусэ.
1963 гъэм къалъхуащ УФ-м щIыхь зиIэ и дохутыр КIуэкIуэ Аслъэн.
1967 гъэм къалъхуащ КъБР-м и Президентым и пресс-IуэхущIапIэм и унафэщIу, КъБР-м цIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэмкIэ, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэмкIэ и министрым и къуэдзэу щыта Хьэгуарэ Джамилэ.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уфауэ щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 17 – 19, жэщым градус 12 - 13 щыхъунущ. ЩIым и малъхъэдис щытыкIэм балли 4-кIэ зихъуэжынущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
ЦIыху нэхъ лъапIэ щыIэкъым.
Зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.