Жэпуэгъуэм и 26, блыщхьэ
♦1942 гъэм советыдзэхэр икIуэту Налшык къалэм дэкIын хуей хъуащ.
♦1926 гъэм къалъхуащ «Красный Кавказ» колхозым и унафэщIу илъэс куэдкIэ щыта, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Тхьэкъуахъуэ Башир.
♦1929 гъэм къалъхуащ журналист, «Адыгэ псалъэ» газетым илъэс куэдкIэ щылэжьа, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Джэлэс Таужид.
♦1937 гъэм къалъхуащ филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ Лъэпкъ библиотекэм и унафэщI Емуз Анатолэ.
♦1949 гъэм къалъхуащ биологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессор Куэтэншы Хьэсэн.
♦1956 гъэм къалъхуащ филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор Дзыгъуанэ Ритэ.
♦1971 гъэм къалъхуащ филологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат, КъБКъУ-м и доцент УнэлIокъуэ Вячеслав.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уфауэ щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 14 - 15, жэщым градуси 8 - 9 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Мыщэ дыгъужь фIэбэлацэщ.