Пасэхэми гу лъатат1966 гъэм СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и унафэкIэ ди къэралым Геологым и махуэр щагъэуващ. Мэлыжьыхьым и япэ тхьэмахуэ махуэм ар щIытрагъэхуар, зэрыгурыIуэгъуэщи, абдежыращ геологхэм гъэмахуэм ирагъэкIуэкIыну я губгъуэ лэжьыгъэхэм щIэгъэхуэбжьауэ зыхуагъэхэзырын щыщIадзэр. Дыкъэзыухъуреихь дунейм и хъугъуэфIыгъуэхэр къэбгъэсэбэп зэрыхъунум ижь-ижьыжкIэрэ ди планетэм щыпсэуа цIыхухэми гу лъатат. Геологие щIэныгъэм ехьэлIа сатырхэм дащрохьэлIэ алыдж еджагъэшхуэхэу Пифагоррэ Аристотелрэ къызэранэкIа я тхыгъэхэми, щIэныгъэм а и къудамэми хэлъхьэныгъэфIхэр хуэзыщIа, философ, сурэтыщI, тхакIуэ цIэрыIуэ Леонардо да Винчи и лэжьыгъэхэми. ГъэщIэгъуэнщ- ЩIэныгъэлIхэм къызэрахутамкIэ, ЩIы Хъурейм илъэс меларди 4,5-м нэблагъэ и ныбжьщ.
Поделиться:
Читать также:
18.09.2026 - 12:56 →
ГъащIэ щызыгъэIэ
18.05.2026 - 14:00 →
Iуэху цIыкIуфэкIукъым
27.03.2026 - 14:47 →
Жыг къэбгъэуа - абы и пIэ нэгъуэщI хэсэ
26.03.2026 - 15:54 →
ТкIуаткIуэ телъыджэу псэхэлъхьэж
16.03.2026 - 15:02 →
Псыежэххэр
| ||




