Антикоррупционная линия Главы КБР:
40-89-70, 40-34-32
IэкIэ тхэным и дунейпсо махуэщ. Абы ХъэтIым и махуэкIи йоджэ. Китайм щагъэлъапIэ Хуитыныгъэм и махуэр 1556 гъэм Китайм и Шаньси провинцэм щIыр щыхъеящ икIи а гузэвэгъуэм напIэзыпIэм хэкIуэдащ цIыху мин 830-рэ. Дуней къэхъукъащIэм и зэранкIэ апхуэдиз цIыху зэуэ щыхэкIуэда иджыри къэс къэхъуакъым. 1849 гъэм Нью-Йорк штатым дунейм щыяпэу дохутырым и дипломыр иратащ цIыхубзым. Ар Инджылызым къыщалъхуа, иужькIэ США-р псэупIэ зыхуэхъуа Блэквелл Элизабеттщ. 1881 гъэм Москва и Театр Иным япэу щагъэлъэгъуащ Чайковский Пётр и «Евгений Онегин» оперэр. 1895 гъэм цIыхум и лъэр япэ дыдэу Антарктидэм теуващ. Ар зыхузэфIэкIар Норвегием щыщ «Антарктик» бдзэжьеящэ кхъухьым исахэрщ. 1912 гъэм Гаагэ Iэ щытрадзащ наркотикхэкIхэр зэрызэрахьэм кIэлъыплъыным теухуа дунейпсо зэгурыIуэныгъэм. 1916 гъэм США-м хыхьэ Монтанэ штатым дунейм и щытыкIэм зэуэ зыщихъуэжри, хуабэу щыта градуси 7-р щIыIэу градус 49-м хуэкIуат. Апхуэдэ дунейм зэи къыщыхъуакъым. 1924 гъэм Ленин (Ульянов) Владимир и Мавзолей Москва щыухуэным теухуа унафэ къащтащ. 1944 гъэм СССР-м ЗыхъумэжыныгъэмкIэ къэрал комитетым унафэ къищтащ Т-34-85 танк лIэужьыгъуэщIэр Дзэ Плъыжьым и Iэщэхэм хагъэхьэным теухуауэ. 1950 гъэм Израилым и къалащхьэу къалъытащ Иерусалим. Франджы тхакIуэ цIэрыIуэ Стендаль (и цIэ дыдэр Мари-Анри Бейлщ) къызэралъхурэ илъэс 236-рэ ирокъу. Совет кинорежиссёр, актёр, СССР-м и цIыхубэ артист, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Александров Григорий (и унэцIэ дыдэр Мормоненкэщ) къызэралъхурэ илъэс и 116-рэ ирокъу. ТхакIуэ, тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор, КъБР-м и Къэрал саугъэтыр тIэунейрэ зыхуагъэфэща МафIэдз Сэрэбий къызэралъхурэ илъэс 84-рэ ирокъу. Урысей физик цIэрыIуэ, академик, РАН-м и унафэщIу щыта Фортов Владимир и ныбжьыр илъэс 73-рэ ирокъу Урысей актёр, каскадёр, жылагъуэ лэжьакIуэ, УФ-м щIыхь зиIэ и артист Иншаков Александр и ныбжьыр илъэс 72-рэ ирокъу. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уфауэ щыщытынущ. ЩIыIэр махуэм 1 градус, жэщым градуси 3 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ: БэлагъыкIыр зыIыгъым хьэ къарибгъу щогугъ.