Нобэ
♦Секретарым и дунейпсо махуэщ
♦УФ-м щагъэлъапIэ ЩIыпIэ самоуправленэм и махуэр
♦Бухгалтер нэхъыщхьэм и махуэщ
♦Инджылызым я гуфIэгъуэщ - я пащтыхь гуащэ Елизаветэ ЕтIуанэр къыщалъхуа махуэщ. Абы и ныбжьыр илъэс 94-рэ ирокъу.
♦1920 гъэм Налшык цIыхубэ хозяйствэм и щIыналъэ совет къыщызэрагъэпэщащ.
♦1921 гъэм Налшык Лъэпкъ музей къыщызэIуахащ.
♦1932 гъэм СССР-м и ВМФ-м и Хы хуэм флотыр къызэрагъэпэщащ.
♦1939 гъэм Ленинград къыщызэIуахащ «Москва» кинотеатрыр. Ар залищ иIэу СССР-м япэу щащIа апхуэдэ IуэхущIапIэт.
♦1951 гъэм Совет Союзым и Лъэпкъ Олимп Комитетыр къызэрагъэпэщащ.
♦1954 гъэм СССР-р ЮНЕСКО-м хыхьащ.
♦1735 гъэм къалъхуащ урыс механик-къэхутакIуэ цIэрыIуэ Кулибин Иван.
♦1816 гъэм къалъхуащ инджылыз усакIуэ, тхакIуэ Бронте Шарлоттэ. Абы и IэдакъэщIэкI нэхъ цIэрыIуэхэм ящыщщ фильмуи ягъэува «Джен Эйр» романыр.
♦1922 гъэм къалъхуащ совет кинорежиссёр, СССР-м и цIыхубэ артист, СССР-м и Къэрал саугъэтыр тIэунейрэ, Лениным и цIэр зезыхьэ саугъэтыр зыхуагъэфэща Ростоцкий Станислав.
♦1925 гъэм къалъхуащ къэрал къулыкъущIэ, генерал-майор, Иорданием и лIыкIуэу Тыркум, Иракым, Китайм щыIа, Адыгэ ФIыщIэ Хасэм и тхьэмадэу щыта Бырмамыт Фоуаз.

♦1941 гъэм къалъхуащ УФ-м щIыхь зиIэ и артисткэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ артисткэ, КъБР-м и Къэрал саугъэтыр зрата ЖьакIэмыхъу КIунэ.

Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уфауэ щыщытынущ, пIалъэ-пIалъэкIэрэ уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 11 - 12, жэщым градуси 8 - 9 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
ПыIэ зыщхьэрыгъ псори лIыкъым.