Антикоррупционная линия Главы КБР:
40-89-70, 40-34-32
♦Тхылъымрэ авторым и хуитыныгъэхэмрэ я дунейпсо махуэщ ♦Инджылызыбзэм и дунейпсо махуэщ ♦Испаныбзэм и махуэщ ♦Тыркум щагъэлъапIэ я къэрал суверенитетымрэ сабийхэр хъумэнымрэ я махуэр ♦Израилым и щхьэхуитыныгъэм и махуэщ ♦Испанием зэгуэкIуахэм я махуэр щагъэлъапIэ ♦1836 гъэм Петербург къалэм къыщыдэкIащ «Современник» журналым и япэ номерыр. ♦1907 гъэм Чейни Гриффит Джон (цIыхубэм Лондон Джек цIэмкIэ яцIыху хъуа тхакIуэр), Сан-Францискэ щежьащ дунейм и хъуреягъыр кхъухькIэ зэщIигъэхьэну. ♦1908 гъэм Москва къалэм и тхыдэм щынэхъ ин дыдэхэм ящыщ псыдзэ къыщIэуауэ щытащ. ♦1920 гъэм къызэрагъэпэщащ Тыркум и Лъэпкъ зэхуэсышхуэр (парламентыр). ♦1943 гъэм СССР-м и Совнаркомым Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ хозяйствэр зэфIэгъэувэжыным теухуа унафэ къищтащ. ♦1951 гъэм СССР-м и Олимп комитетыр къызэрагъэпэщащ. ♦1964 гъэм СССР-м и Министрхэм я Советым унафэ къищтащ макъ зытратхэ пластинкэхэр къыщIэзыгъэкI «Мелодия» фирмэр къызэгъэпэщыным теухуауэ. ♦1564 гъэм къалъхуащ Инджылыз драматург щэджащэ Шекспир Уильям. ♦1891 гъэм къалъхуащ урыс композитор, пианист, дирижёр цIэрыIуэ, РСФСР-м и цIыхубэ артист Прокофьев Сергей. ♦1912 гъэм къалъхуащ КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ Теунэ Хьэчим. ♦1930 гъэм къалъхуащ совет тхакIуэ, теленэтынхэр езыгъэкIуэкIыу щыта, УФ-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Скороходов Глеб. ♦1939 гъэм къалъхуащ совет актёр, сурэтыщI, УФ-м и цIыхубэ артист Прыгунов Лев. ♦1942 гъэм къалъхуащ дзэ къулыкъущIэ, генерал-лейтенант, Абхъаз Республикэм и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэу - зыхъумэжыныгъэмкIэ министру щыта, Абхъазым и ЛIыхъужь Сосналы СулътIан. ♦1946 гъэм къалъхуащ футболист Iэзэу щыта, СССР-м спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер, СССР-м щIыхь зиIэ и тренер Бышовец Анатолий.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 13 - 15, жэщым градуси 7 - 8 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ: АнэдэкIуэрэ лIы дэкIуасэрэ емыкIу хэлъкъым.