Зы зэхьэзэхуэм адрейр къыкIэлъокIуэАтлетикэ псынщIэ Венгрием и Секешвехервар къалэм мы махуэхэм щекIуэкIащ атлетикэ псынщIэмкIэ Дьюлаи Иштван и фэеплъ лъэпкъхэм зэдай зэхьэзэхуэхэр. Абы хэтащ лъагэу дэлъеинымкIэ иужьу Доха щызэхэта Дунейпсо чемпионатым и дыжьын медалыр къыщызыхьа Акименкэ Михаил. Метри 2-рэ сантимет 33-рэ къызэзынэкIа ди лъахэгъум хуэдиз дыдэм щхьэпрылъащ Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам къыдыхэт Иванюк Илья. Акименкэ къигъэсэбэпа бгъэдыхьэгъуэ бжыгъэр зэрынэхъыбэм къыхэкIкIэ и хьэрхуэрэгъур япэ ирагъэщащ икIи къыхуагъэфэщар домбеякъ медалыращ.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 17:23 →
Шууей гупышхуэ Бахъсэн щызэхуос
27.11.2026 - 16:00 →
Спорт хъыбархэр
25.11.2026 - 16:00 →
ТIуми медаль къахь
23.11.2026 - 18:00 →
Балъкъэр бэнакIуэхэр ягъэлъапIэ
19.11.2026 - 14:49 →
Спорт хъыбархэр
| ||




