Новороссийск къыщикIуэтакъымХьэлъэу иригъажьэ хъуащ «Спартак-Налшыкым» Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и Япэ гупым щекIуэкI зэхьэзэхуэхэр. Паслъэм папщIэ, нэгъабэрей зэпеуэм и пэщIэдзэ джэгугъуиплIым щэнейрэ къыщыхагъащIэри, зэм зэрыщытегъэкIуатэкъым. Мис аргуэруи япэ зэIущIищым текIуэныгъэм и Iэфагъыр щызэхищIакъым. Пэжщ, а лъэхъэнэм къриубыдэу очко зырыз я стадионым къащыфIихьащ бжьыпэм хущIэкъу Дон Iус Ростоврэ Новороссийскрэ я командэхэм. Абы щыгъуэми зыщыдгъэгъупщэнкъым, СКА-м футболиститIкIэ ебэкIыу дэджэгуащ, «Черноморец»-р коронавирус уз зэрыцIалэм зэщIищтэри дыдейхэм щаIущIэнум ирихьэлIэу къызэфIэувэжауэ аращ, ипэ къита джэгугъуитIым зэрыхэмытыфам къыхэкIыу къыхагъэщIауэ къалъытэри. Зи гугъу тщIа Iуэхугъуэхэм къахэкIыу шыщхьэуIум и 7-м Новороссийск щызэхэта зэIущIэм мыхьэнэшхуэ иIэт лъэныкъуитIми я дежкIэ. АбыкIэ къыщIадзэфынут я ефIэкIуэныгъэм. Джэгум и япэ Iыхьэр зэхуэдэу ирагъэкIуэкIащ. КомандитIри хущIэкъуащ ебгъэрыкIуэныгъэр тегъэщIапIэ ящIыну. Апхуэдэу щыт пэтми, бжыгъэр къызэIуахыну Iэмал къащыхукъуэкIар 40-нэ дакъикъэм ирихьэлIэущ: «Спартак-Налшыкым» къыхагъэхьагъащIэ Бенедык Данилрэ хэгъэрейхэм я пашэ Iэшэ Анзоррэ къыхэжаныкIыным зы мащIэщ иIэжар. Загъэпсэхуу къихьэжа иужькIэ а тIуращ топхэр дэзыгъэкIари. 46-нэ дакъикъэм Бенедык бжыгъэр къызэIуихащ, 2021 - 2022 гъэхэм я зэхьэзэхуэм налшыкдэсхэм я япэ топыр щыдигъэкIри. Iэшэ Анзор и жэуапми куэдрэ пигъэплъакъым – угловой къыхата иужькIэ абы бжыгъэр щхьэкIэ зэхуэдэ ищIыжащ. Джэгур и кIэм нэсыхукIэ «Спартак-Налшыкым» нэхъ зихъумэжыгъуей хъурт. «Черноморец»-м и ебгъэрыкIуэныгъэхэр ди щIалэхэм куэдрэ къызэпаудырт футбол хабзэхэр къызэпаудыурэ. Абы и зэранкIэ налшыкдэсхэм ящыщу 7-м судьям дагъуэ къахуищIащ икIи командэм къуэды къытралъхьэнущ. КъищынэмыщIауэ, «Спартак-Налшыкым» и гъуащхьауэхэм хэщIыныгъэшхуэхэр ягъуэтащ. Фэбжь зэриIэм къыхэкIыу Новороссийск мыкIуа, гупым и капитан ЛIуп Ислъам щэбэтым гъусэ хуэхъуащ ХъутIэ Анзори. «Черноморец»-м ар зэрыдэджэгуфар дакъикъи 8 къудейщ.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 17:23 →
Шууей гупышхуэ Бахъсэн щызэхуос
27.11.2026 - 16:00 →
Спорт хъыбархэр
25.11.2026 - 16:00 →
ТIуми медаль къахь
23.11.2026 - 18:00 →
Балъкъэр бэнакIуэхэр ягъэлъапIэ
19.11.2026 - 14:49 →
Спорт хъыбархэр
| ||




