Дунейм щыхъыбархэр

♦Дыщэр гъущIхэкI нэхъ гъуэтыгъуей дыдэхэм ящыщщ. Дунейр къызэриухуэрэ дыщэу щIым къыщагъуэтам (къэрал псри зэхэту) нэхърэ нэхъыбэ гъущI къызэрыгуэкIыу зы сыхьэтым къыщыщIах.

♦Кока-кола псыIэфIым хуэдэ зы птулъкIэ къащэхухукIэ зы жыг хасэу щытамэ, ЩIым мэзу щраупщIыкIар илъэсищым къриубыдэу зэфIэгъэувэжа хъунут.
♦Аргъуей къызэредзэкъам, абы къыдэкIуа узыфэхэм илIыкIахэм я бжыгъэр нэхъыбэщ дунейм щекIуэкIа зауэ псоми хэкIуэдахэм нэхърэ.
♦ЩIым щыпсэу дэтхэнэ зы цIыхуми хъумпIэцIэдж мелуан 1,6-рэ хуоэзэ.
♦Зы цIыхум и гъащIэм къриубыдэу ику иту лъэсу зэпеч экваторыр и кIыхьагъым хуэдизу тху.
♦Сыт хуэдизрэ щымылъами зэи зэмыкIуэкIыу зы ерыскъыхэкIщ дунейм тетыр - ар форщ.
♦Гавай алыфбейр хьэрф 12-щ зэрыхъур.
♦Шэрхъ зыщIэт шэнтыр япэу къэзыгупсыса Дарвин Чарльзщ. щылажьэ пэшым и зы щIыпIэм икIыу нэгъуэщIым нэхъ псынщIэу Iэпхъуэн папщIэ и шэнтым шэрхъ щIиIуэнтIауэ арат абы.
♦Дунейм нэхъыбэ дыдэу щащэ хьэпшыпхэм ящыщщ iPhone телефоныр, Поттер Гарри теухуа тхылъхэмрэ Рубик и зэпэплIимэ цIыкIумрэ.
♦ЦIыхум и Iэпкълъэпкъым хэт микробхэм я процент 99-р зищIысыр щIэныгъэм зэкIэ къыхуэхутакъым.

ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэ.
Поделиться: