Антикоррупционная линия Главы КБР:
40-89-70, 40-34-32
Нобэ ♦ЩIалэгъуалэм я дунейпсо махуэщ ♦Каспий тенджызым и дунейпсо махуэщ ♦Урысейм и Дзэ-Хьэуа Къарухэм я махуэщ ♦Таиландым щыпсэухэм ягъэлъапIэ анэм и махуэр ♦1851 гъэм Америкэм щыщ дэрбзэр Зингер Исаак Iэрыгъадэ машинэщIэ къигупсысащ. Махуэ II къудейкIэщ ар зэрелIэлIар иужькIэ езыр дуней псом цIэрыIуэ щызыщIа, и цIэр зезыхьэ а Iэмэпсымэр зэпкърилъхьэным. ♦1865 гъэм Инджылызым щыщ хирург Листер Джозеф операцэ зэрищI Iэмэпсымэхэмрэ и Iэхэмрэ микробхэр кIэригъэкъэбзыкIын щхьэкIэ япэу къигъэсэбэпауэ щытащ фенол (карболовая кислота) жыхуаIэр. Операцэ нэужьым уIэгъэхэр е екIуэурэ илIыкIхэм я бжыгъэр абы и фIыгъэкIэ хуэдищкIэ нэхъ мащIэ хъуауэ щытащ. ♦1953 гъэм СССР-м дунейм щыяпэу водороднэ бомбэ игъэунэхуащ. ♦1981 гъэм США-м и IBM компанием къыщIигъэкIащ цIыхум щыхуей щIыпIэм деж щигъэуву къигъэсэбэпыным тещIыхьа компьютерыр. ♦1985 гъэм «Японием и авиалинэхэм» я «Боинг 747» кхъухьлъатэр Оцутакэ бгым еуащ. А гузэвэгъуэм цIыху 520-рэ хэкIуэдат, 4-р къелат. Кхъухьлъатэ къехуэхыу апхуэдиз цIыху зэуэ щыхэкIуэда абы фIэкIа къэхъуатэкъым. ♦2000 гъэм Баренцевэ тенджызым дзэ зыгъэсэныгъэхэр щекIуэкIыу щIилъэфащ «Курск» псыщIагъырыкIуэ кхъухьыр. Абы иса цIыхуи 118-ри хэкIуэдащ. ♦2013 гъэм Урысейм лэжьэн щыщIидзащ цIыхухэр пIэщIэгъуэкIэ зыхуей хъу Iуэхутхьэбзэхэм зэрыщIэупщIэ телефон номерым – 112-м. ♦1681 гъэм къалъхуащ урыс хыдзэлI, къэхутакIуэ цIэрыIуэ Беринг Витус. Абы и экспедицэхэм къыщихутахэм мыхьэнэшхуэ яIащ дунейм и картэр зэхэгъэувэнымкIэ. И лэжьыгъэшхуэхэм папщIэ фIыщIэ зэрыхуащIэр къагъэлъагъэуэу абы фэеплъ куэд хуагъэуващ, и цIэр щIыпIэхэм фIащащ. Абыхэм ящыщщ Ищхъэрэ Мылылъэ хымрэ хы Щэхумрэ зэпызыгъэщхьэхукI псыдэжыпIэр. ♦1904 гъэм къалъхуащ Урысейм и иужьрей император Николай ЕтIуанэм и къуэ Романов Алексей. ♦1930 гъэм къалъхуащ химие щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессору щыта Бырхьэм Михаил. 1944 гъэм къалъхуащ къэрал лэжьакIуэ, КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэу щыта, УФ-м щIыхь зиIэ и ухуакIуэ Тыркуин Анатолий. ♦1954 гъэм къалъхуащ Франджым и президент къулыкъум 2012 – 2017 гъэхэм пэрыта Олланд Франсуа. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ, пIалъэ-пIалъэкIэрэ уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 29 – 31-рэ, жэщым градус 19 – 21-рэ щыхъунущ. Лъэпкъ Iущыгъэ: Иужьрей Iуэху бзу кIагуэщ.