Дунейм щыхъыбархэр

Нобэ

♦Зи Iэ сэмэгур нэхъ зыгъэшэрыуэхэм я дунейпсо махуэщ
♦1913 гъэм Шеффилд (Инджылыз) дунейм щыяпэу щагъэващ мыулъий гъущI лIэужьыгъуэр.
♦1928 гъэм Лондон дунейм щыяпэу телевизоркIэ къыщагъэлъагъуэу хуежьащ щхъуэкIэплъыкIэу траха нэтынхэр.
♦1942 гъэм Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу лъэпкъхэм фашистхэм я бийуэ пэкIу ирагъэкIуэкIащ.
♦1961 гъэм Берлин ухуэн щыщIадзащ къалэр тIууэ зыгуэш блыныр. ГДР-м икIыурэ ФРГ-м Iэпхъуэ цIыхухэм я бжыгъэр зы илъэсым нэхърэ къыкIэлъыкIуэм нэхъыбэ зэрыхъум къыхэкIыу кърагъэжьат а ухуэныгъэр. Блын-гъунапкъэр щытащ 1989 гъэм щэкIуэгъуэм и 9 пщIондэ.
♦2004 гъэм Афины къалэм (Алыдж) къыщызэIуахащ ХХУIII гъэмахуэ Олимп джэгухэр. Дзюдо спорт лIэужьыгъуэмкIэ зэпеуахэм я деж абы жэз медаль къыщихьат ди республикэм щыщ Тау Хьэсэнбий, КъШР-м икIа Хърачэ Мурати апхуэдэ дыдэ ехъулIэныгъэ зыIэригъэхьат боксымкIэ.
♦1929 гъэм къалъхуащ урыс физиолог цIэрыIуэ Сеченов Иван.
♦1907 гъэм къалъхуащ совет актрисэ, СССР-м и цIыхубэ артисткэ Макаровэ Тамарэ.
♦1908 гъэм къалъхуащ мэкъумэш щIэныгъэхэм я доктор, АКъУ-м и профессор, УФ-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ ТхьэкIушынэ Нухь.
♦1915 гъэм къалъхуащ радиом и диктору илъэс куэдкIэ лэжьа, УФ-мрэ КъБР-мрэ щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ Безрокъуэ Хужь.
♦1926 гъэм къалъхуащ Кубэм щыщ политик цIэрыIуэ, 1959 – 2008 гъэхэм а къэралым и унафэщIу щыта Кастрэ Фидель.
♦1939 гъэм къалъхуащ уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ, КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Бэгъуэтыж Светланэ.
♦1947 гъэм къалъхуащ химие щIэныгъэхэм я доктор, профессор, ЩIДАА-м и академик Мэшыкъуэ Нуралий.
♦1952 гъэм къалъхуащ КъБР-м физкультурэмрэ спортымкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, УФ-м и къуажэ Iэтащхьэ нэхъыфIхэм ящыщу къалъыта Къуныжь Хьэчим.
♦1963 гъэм къалъхуащ Урысей Федерацэм, КъБР-м, КъШР-м щIыхь зиIэ я артист, опернэ уэрэджыIакIуэхэм Пуччини и цIэкIэ Милан (Италие) щрагъэкIуэкIа зэпеуэм и финалисту щыта Ташло Алий.
♦1970 гъэм къалъхуащ урысей актрисэ, УФ-м щIыхь зиIэ и артисткэ Тереховэ Аннэ.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ, пIалъэ-пIалъэкIэрэ уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 27 – 28-рэ, жэщым градус 20 – 2I-рэ щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Птам ущIэмыфыгъуж.

 

Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
Поделиться:

Читать также:

28.11.2026 - 07:13 → НОБЭ
27.11.2026 - 12:22 → НОБЭ
26.11.2026 - 09:30 → НОБЭ
25.11.2026 - 13:40 → НОБЭ
24.11.2026 - 09:00 → НОБЭ