Антикоррупционная линия Главы КБР:
40-89-70, 40-34-32
Нобэ
Гуманитар дэIэпыкъуныгъэм и дунейпсо махуэщ Сурэтым и дунейпсо махуэщ Афганистаным и щхьэхуитыныгъэм и махуэщ США-м и авиацэм и махуэщ Джанэ кусэм и махуэщ. 1874 гъэм урыс флотым къулыкъу щызыщIэхэм я фащэу къащтащ кусэ щIыхухэр зыпхыкI джанэр. 1839 гъэм Санкт-Петербург къалэм пэмыжыжьэу къызэIуахащ Пулковскэ обсерваториер. Иджыпсту ар Урысей Федерацэм и астрономие IуэхущIапIэ нэхъыщхьэщ. 1887 гъэм шар гъэпщам ису зиIэтри, Менделеев Дмитрий кIэлъыплъащ дыгъэр зэрыкъуилъафэм. 1895 гъэм Лондон къыщызэрагъэпэщащ Дунейпсо кооператив зэгухьэныгъэр. 1942 гъэм Къардэн Къубатий Елхъуэт (Осетие Ищхъэрэ) и деж бийм и кхъухьлъатитI къыщриудыхащ. 1944 гъэм Покрышкин Александр къэралым щыяпэу Совет Союзым щэнейрэ и ЛIыхъужь хъуащ. 1947 гъэм А витаминыр зэхалъхьащ. 1960 гъэм Байконур космодромым телъэтыкIащ Белкэ, Стрелкэ хьэхэр зэрыса «Спутник-5» кхъухьыр. Ар шыщхьэуIум и 20-м къэтIысыжащ. 1981 гъэм къызэрагъэпэщащ СССР-м Къэрал шынагъуэншагъэмкIэ и комитетым егъэщIылIа «Вымпел» гуп хэхар. 1991 гъэм ГКЧП-м - къэрал унафэр зыубыдыну яужь ихьа гупым - СССР-м чрезвычайнэ щытыкIэ щигъэуват. 1883 гъэм къалъхуащ фэилъхьэгъуэхэр къэгупсысынымкIэ, ахэр дынымкIэ цIэрыIуэ дыдэ хъуауэ щыта, ХХ лIэщIыгъуэм и модэм и тхыдэм лъэужь телъыджэ къыхэзына бзылъхунъэ Шанель Габриэль. 1935 гъэм къалъхуащ КъБР-м, КъШР-м, АР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ БищIо Анатолий. 1949 гъэм къалъхуащ тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат Къэжэр Валерий. 1946 гъэм къалъхуащ США-м и 42-нэ президенту щыта Клинтон Билл. I965 гъэм къалъхуащ режиссёр, КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Дэбагъуэ Роман. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ, пIалъэ-пIалъэкIэрэ уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 25 – 26-рэ, жэщым градус 18 – 19 щыхъунущ
Лъэпкъ Iущыгъэ: Псым ихьыр хьэцыбанейм йопхъуэ.