Антикоррупционная линия Главы КБР:
40-89-70, 40-34-32
♦Щхьэхынагъэм и дунейпсо махуэщ ♦Аргъуейм и дунейпсо махуэщ ♦Эстонием егъэлъапIэ СССР-м къыхэкIыу къэрал щхьэхуит щыхъуа махуэр. 1991 гъэм Эстоние Республикэр къэрал щхьэхуэ зэрыхъужам теухуа унафэ къищтащ абы и Совет Нэхъыщхьэм. ♦1634 гъэм Бурцов Василий Москва щиIэ и тхылъ тедзапIэм къыщыдигъэкIащ япэ букварыр. ♦1721 гъэм Петергоф щаутIыпщащ иджы дуней псом щыцIэрыIуэ псыутх телъыджэхэр. А щIыпIэм уардэунэхэри псыутххэри зыхэт ансамбль щыухуэныр зи жэрдэмыр Пётр Езанэрт. Франджым и унафэщIхэм Версаль щаIэ хэщIапIэм ехьэехуэ щIыпIэ телъыджэ Фин псыдэлъэдапIэм щищIыныр и хъуэпсапIэт Урысейм и императорым икIи а лэжьыгъэм къришэлIат архитектор цIэрыIуэ куэд. Иджырей теплъэр игъуэтын папщIэ илъэс щитIым нэблагъэкIэ екIуэкIащ а лэжьыгъэхэр. ♦1913 гъэм Япэ Урысейпсо спорт олимпиадэр Киев къалэм къыщызэIуахащ. ♦1915 гъэм дзэм къулыкъу щищIэну хыхьащ зи ныбжьыр илъэс пщыкIуий ирикъуа Жуков Георгий - иужькIэ дзэзешэ лъэщ, Совет Союзым и Маршал хъуар. ♦1918 гъэм «Дунейпсо литературэ» тхылъ тедзапIэр къызэрагъэпэщащ. ♦1922 гъэм Москва къратыкIыу хуежьащ къэралым и щIыпIэ куэд дыдэм нэс радионэтынхэр. ♦1941 гъэм икIуэт советыдзэхэм ДнепроГЭС-р къагъэуэн хуей хъуат. Совет къэралыгъуэм и Iэтащхьэхэм апхуэдэ унафэ ящIат ар бийм лъамыгъэсын мурадкIэ. ♦1945 гъэм СССР-м ЗыхъумэжыныгъэмкIэ и къэрал комитетым и унафэкIэ къызэрагъэпэщащ ураныр къэгъэсэбэпыным елэжь гупым кIэлъыплъ, зи IуэхущIафэхэр яущэхуу щыта комитет хэха. ♦1945 гъэм СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумыр арэзы техъуэри къищтащ Лъэпкъ Зэкъуэтхэм я Зэгухьэныгъэм и Уставыр. ♦1951 гъэм СССР-м къыщызэрагъэпэщащ ДОСААФ зэгухьэныгъэр. ♦1953 гъэм Совет Союзым хэIущIыIу ищIащ водороднэ бомбэм и лъэщагъыр зэригъэунэхуам теухуа хъыбарыр. ♦1909 гъэм къалъхуащ шахматхэмкIэ дунейм и чемпионкэ, СССР-м спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер Рубцовэ Ольгэ. ♦1919 гъэм къалъхуащ шэрджэс тхакIуэ Хьэкъун Исуф. ♦1921 гъэм къалъхуащ УФ-м щIыхь зиIэ и артисткэ, Мейкъуапэ щIыхь зиIэ и цIыху ЩхьэкIуэмыдэ Нуриет. ♦1929 гъэм къалъхуащ КъБР-м и цIыхубэ артисткэ Ерчэн Казимэ. ♦1937 гъэм къалъхуащ режиссёр, сценарист, УФ-м и цIыхубэ артист Михалков-Кончаловский Андрей. ♦1944 гъэм къалъхуащ Индием и премьер-министру щыта Ганди Раджив.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ, пIалъэ-пIалъэкIэрэ уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 25 – 26-рэ, жэщым градус 19 – 20 щыхъунущ.