Махуэшхуэхэр зэрырагъэкIуэкIыну щIыкIэм теухуауэ

КъБР-м и Iэтащхьэм шыщхьэуIум и 18-м иригъэкIуэкIащ «муниципальнэ сыхьэт» зэIущIэр. Абы хэтащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Му­суков Алий, КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщI Къуэдзокъуэ Мухьэмэд, муниципальнэ зэгухьэныгъэхэм я администрацэхэм я Iэтащхьэ­хэр.

ЗэIущIэм щызэхалъхьэжащ лъэпкъ проектхэр гъэзэщIэн и лъэныкъуэкIэ зэкIэ зрагъэхъулIахэр, цIыхухэм вакцинэр яхэлъхьэным теухуа лэжьыгъэр зэрекIуэкIыр, апхуэдэуи тепсэлъыхьащ  гъэ еджэ­гъуэщIэмрэ фокIадэм и пэщIэдзэм хабзэ хъуауэ ягъэлъапIэ махуэшхуэхэмрэ зэрызыхуагъэхьэзырхэм.
Мусуков Алий зэIущIэм хэтхэр щыгъуазэ ищIащ щIыналъэхэм унэтIыныгъитIымкIэ - «Ущыпсэуну тынш щIыпIэ», «Сабийхэм заужьын папщIэ псоми зэхуэдэ Iэмалхэр яIэн» жыхуиIэхэмкIэ - лэжьыгъэхэр къанэ щIагъуэ щымыIэу зэрыщызэфIэкIар. Зэрыщыту къапщтэмэ,  лъэпкъ проектхэм щыубзыхуахэр гъэзэщIэ­ным трагъэкIуэдэну мылъкум щыщу процент 53-м щIигъур ахэр зыхухахэм къыхуагъэсэбэпакIэщ икIи ар Урысейм и адрей щIыналъэхэм яхузэфIэкIа бжыгъэхэм щIегъу.
Мусуковым администрацэхэм я Iэтащхьэхэм гу лъаригъэтащ ухуэныгъэ зыбжанэм ехьэлIауэ зэфIагъэкIыпхъэ Iуэхухэм, апхуэдэуи къэралым ис цIыхухэр бжыным теухуауэ къапэщыт лэжьыгъэм зыхуэгъэхьэ­зырын зэрыхуейм.
Премьер-министрым республикэм и Iэтащхьэр щыгъуазэ ищIащ курыт школыщIэхэу Солдатскэ станицэмрэ Ново-Ивановскэ къуажэмрэ щаухуахэр къызэ­рызэIуахыным хуэдэу хьэзыр зэрыхъуам,  ахэр муниципалитетхэм я мылъкум зэрыхагъэхьэнум, Дзэлы­къуэкъуажэ дэт курыт еджапIэр зэгъэпэщыжынымрэ Бахъсэн щаухуэ ФОК-мрэ ехьэлIа лэжьыгъэхэри и кIэм зэрынагъэблэгъам.
Муниципальнэ администрацэхэм я Iэтащхьэхэм ­къалэну хуагъэуващ вакцинэр цIыхухэм Iэмалыншэу яхэлъхьэным хуэгъэза лэжьыгъэр я щIыналъэхэм ­хиубыдэ IуэхущIапIэхэм щыщIагъэхуэбжьэну, «Рос­потреб­надзор»-м фокIадэм и 1-м къыщыщIэдзауэ къэп­щытэныгъэхэр зэрыригъэкIуэкIынури къалъы­тэну. А Iуэхур нэхъыфIу щекIуэкIхэм я щапхъэу къахьащ Дзэлыкъуэ муниципальнэ щIыналъэр. Абы мастэр зыхалъхьахэм я бжыгъэр процент 58,6-рэ ­щохъу. Узыфэм щызыхъумэ мастэр цIыхухэм яхэлъхьэнымкIэ лэжьыгъэфI щекIуэкIхэм ящыщщ ­Iуащхьэмахуэ муниципальнэ щIыналъэмрэ Прох­ладнэ къалэ округымри.
ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ ЩIэныгъэхэм я махуэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Къэралыгъуэм и махуэмрэ Урысей ныпым и махуэмрэ ехьэлIа дауэ­дапщэхэр зэрырагъэкIуэкIыну щIыкIэми. Къуэдзокъуэ Мухьэмэд къыхигъэщащ махуэшхуэхэр онлайн жыпхъэм иту е цIыху 50 нэхърэ нэхъыбэ зэхэмыхьэу, утыку зэIухахэм щызэхуэсу зэрырагъэкIуэкIынур. Нэхъ мы­хьэнэшхуэ зиIэхэм ящыщу Къуэдзокъуэ Мухьэмэд жиIащ Урысей ныпым и махуэм ехьэлIахэр: Урысей Федерацэм и къэралыгъуэм и дамыгъэр Iуащхьэ­махуэ и щыгум дахынущ.
А Iуэхур ирагъэкIуэкIынущ МЧС-м и IуэхущIапIэу ­КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэм, Iуащхьэмахуэ му­ниципальнэ щIыналъэм и щIыпIэ администрацэр и щIэгъэкъуэну. Урысейм и къэрал ныпхэм а махуэм ягъэдэхэнущ муниципалитетхэм я уэрамхэмрэ цIыху зэхуэсыпIэхэмрэ.

 

Поделиться:

Читать также:

23.04.2024 - 09:45 НОБЭ
22.04.2024 - 15:50 НОБЭ
19.04.2024 - 16:23 НОБЭ
18.04.2024 - 16:13 НОБЭ